ДывгъэпIащIэ тщIэну гуапагъэ

ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу

Мы тхыгъэр сигу къэзыгъэкIа нэхъыжьыфIыр куэд щIащ дунейм зэрехыжрэ, ауэ нобэми абы жиIауэ щытар сщыгъупщэжкъым. Абы къулыкъу хъарзынэ икIи зэмылIэужьыгъуэ зэрихьауэ щытащ икIи хуэщIауэ псэуащ. И адэр Хэку зауэшхуэм хэкIуэдати сабиигъуэ хьэлъэ иIат, и анэм гугъу ехьу езымрэ и шыпхъуитIымрэ ипIыжати щызыгъэкIын иIатэкъым. Ерыщу щIэныгъэ нэсу япэщIыкIэ къуажэ школыр, итIанэ техникумыр, нэхъ иужь университетыр къиухри ерыщу икIи мызэшу зым нэхъ къыкIэлъыкIуэр нэхъыфIу лэжьапIэ IэнатIэ къыхуагъэфащэу и гъащIэр ихьащ. И гъащIэм апхуэдэу зихъуэжу щIиIуэтэжауэ псом ящхьэу къилъытэр лэжьакIуэфI, цIыхугъэ зыхэлъ, хуэпщIэр къызыгурыIуэрэ къыхуэпэжакIэ и насып къызэрикIар арауэ къилъытэрт Зи гугъу сщIыр егъэлеяуэ цIыху къызэрыгуэкIт, псэ къабзэт икIи пэжти, фIэфI зэрымыхъунур сощIэри, и псэр сымыгъэпIейтеин щхьэкIэщ и цIэр къыщIизмыIуэр.

«Мы дунейм, Аслъэн, зыгуэрым гуапагъэкIэ сыхуэупсэфым, сэбэп, щIэгъэкъуэн нэхъ сигу хэзыгъахъуэ щыIэкъым. Ар, псом хуэмыдэу гузэвэгъуэ хэхуа, хейуэ ягъэкъуаншэ цIыху къызэрыгуэкIыу, утыку къинауэ щытым. Абы къищынэмыщIауэ, сабийхэр, жьыкIэфэкIэхэр гулъытэ гуэркIэ схуэгъэгуфIэм щыIэу къыщIэкIынкъым сэр нэхъ насыпыфIэ», - жиIэрт абы.

Сэ а нэхъыжьыфIыр нэхъ гъунэгъуу къэсцIыхуну Iэмал сиIащ. Си гугъэщ абы папщIэ илъэс щэныкъуэр мымащIэу.

Мы ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу сыт иджы ар аргуэру сигу къыщIэкIыжар. Дэ куэдрэ къытщощI: «Иджыпсту сом, зэман диIэкъым, иужькIэ гулъытэ хуэтщIыжынщ»,-жытIэу. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, дызэрыхуейм хуэдэу ди Iуэхур зэIузэпэщ хъуху гъащIэр къызэтеувыIэу къыдэжьэркъым. ТIэщIокI ди нэхыжьыфIхэр, ныбжьэгъу пэжхэр, цIыхугъэ куэд къыдэзыхахэр, лэжьыгъэкIэ зыкъытщIэзыгъэкъуахэр. Ди псэм зэрытехьэлъэщи, узым, зауэм, нэгъуэщI насыпыншагъэхэм зи псы къэжэгъуэу тIэщIаххэри мащIэкъым. Апхуэдэу щытащ мы къызэднэкI 2022 гъэри. Псом хуэмыдэу гуауэщ дыгъуасэ зы къэралышхуэу, зэкъуэшхэу щытахэр жэгъуэгъухэм зэрауштауэ лъы зэрагъажэр, махуэ къэс хэщIыныгъэ дызэриIэр.

Ауэ фIы гуэрым ущызымыгъэгугърэ узымыгъэгушхуэрэ щыIэкъым. Гузэвэгъуэ къызытепсыхам псэемыблэжу, хэт IэщэкIэ, хэти шхынрэ хьэпшыпкIэ зыщIэзыгъэкъуэну хьэзыру къыщIэкIа ди цIыхухэр куэдыкIейщ. Абы и бжыгъэри махуэ къэс хохъуэ. Псом ящхьэрщи, лъэпкъ зэхэгъэжи дин зэхэдзи щымыIэу ди Урысей Федерацэм ис цIыхухэр зэрызэубыдам и мыхьэнэм и инагъыр къэгъэлъэгъуейщ.

Апхуэдэу щыщыткIэ, уи фIэщ мыхъуу, фIым ущымыгугъыу къанэркъым ди текIуэныгъэкIэ зауэ лъыгъажэр зэриухынур.

 ЩыIэу къыщIэкIынкъым псалъэ гуапэм нэхъ лъапIэ. ЛъыгъажэкIэ, лъэпкъ гъэкIуэдкIэ къэхъуакъым иджыри лъэ быдэкIэ уву насыпышхуэ зыгъуэта. Тхыдэр абы щыхьэт тохъуэ. Апхуэдэу щыщыткIэ, дывгъэпIашщIэ тщIэну гуапагъэ.

Тхыгъэм и пэщIэдзэу зи гугъу сщIа нэхъыжьым и псалъэкIэ сыухынщи: «Хуеймэ, сыт хуэдэ гуфIэгъуэ махуэуи е къызэрыгуэкIыу щрет, гуапагъэ гуэркIэ къыпщыгугъ цIыхум зыгуркIэ ухуэупсэфам, сэбэп ухуэхъуэфам, нэгъуэщI мыхъуми псалъэ гуапэкIэ ухуэупсэфам, уэ езыр узыхуэупсэжауэ къэплъытэ хъунущ».

СигукIи, си псэкIи сынывохъуэхъу: ИлъэсыщIэ 2023 гъэр угъурлы зыхуэхъун лъэпкъ фыхъу.

ШАФИЙ Аслъэн.
Поделиться: