ЦIыху зэчиифIэр сытми хуэIэкIуэлъакIуэщШэрэдж Ищхъэрэ къуажэм щыщ Таучэ (Щомахуэхэ япхъущ) Альбинэ и IэщIагъэкIэ бухгалтерщ, ауэ IэпщIэлъапщIагъэм дихьэхауэ, хьэпшып хьэлэмэт куэд ещI. Зэманыр IуэхукIэ зыгъэнщIыф зыхужаIэ бзылъхугъэхэм ар ящыщщ. Псалъэм папщIэ, Альбинэ щэкIым гуащэ цIыкIухэр къыхещIыкI. Я теплъэкIэ ахэр зэщхькъым. Гуащэ цIыкIухэр хъыджэбзым и нэгу къызэрыщIыхьэм хуэдэу ещI, ауэ къохъур абыхэм я теплъэр къыщIэупщIэхэр зэрыхуейм хуэдэу (ящитIэгъэну фащэмрэ я щхьэцым и плъыфэхэмрэ зыхуэдэнур къыжраIэмэ) щахуиди. ТIум щыгъуэми, гуащэр сабийхэр зыщыгуфIыкIщ, тыгъэ гуапэщ.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 09:00 →
Музейм и накъыгъэ гъэлъэгъуэныгъэхэр
03.05.2024 - 14:24 →
ЦIЫХУР ЗЫХУЩЫIЭР ЦIЫХУРАЩ
03.05.2024 - 10:01 →
Куржы фIэщыгъэхэм я тхыдэ лъабжьэхэр
30.04.2024 - 13:00 →
Гъатхэмэ къапех
29.04.2024 - 10:01 →
Дахагъэ къэзыгъэщI
|