ШколакIуэ миным щIигъу хэту

Сыт щыгъуи хуэдэу, илъэсым и пэщIэдзэхэм щIыналъэхэм щаублэ школакIуэхэм я щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ наIуэ ­къыщащI олимпиадэхэр. Ахэр ирагъэкIуэкI школ программэм хиубыдэ предметхэмкIэ, ящыщ щIагъуэ къэмынэу. Школхэм, лицейхэм щекIуэкIакIэщ щIыпIэ зэпеуэхэр. Иджы къэсащ щIыналъэпсо зэхьэзэхуэхэм я лъэхъэнэр. 

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм ­хъыбар къызэритамкIэ, дызэрыт тхьэмахуэм икухэм щIадзащ ­школакIуэхэм я щIыналъэ олимпиадэхэр егъэкIуэкIыным. ЩIы­шылэм и 10-м абы хэта ныбжьыщIэхэр зэпеуащ франджыбзэмкIэ ябгъэдэлъ щIэныгъэмрэ зэфIэкIхэмкIэ. ЯпэщIыкIэ ныбжьыщIэ­-хэр хэтащ зыщеджэ школхэм франджыбзэмкIэ щекIуэкIа зэпеуэхэм. Абыхэм ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрызыгъэхьахэр район олимпиадэхэм ирагъэблэгъащ. ЩIыпIэхэм пашэ щыхъуа еджа­кIуэхэу 6-нэ, 9-нэ, 11-нэ классхэм щIэсхэр щызэрихьэлIащ олим­пиадэм и щIыналъэпсо Iыхьэм. Зэхьэзэхуэм кърикIуахэр нэхъ ­гувауэ хэIущIыIу ящIынущ.
Къыхэдгъэщынщи, илъэс къэс екIуэкI апхуэдэ олимпиадэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, школакIуэхэм ящыщу нэхъыбэ дыдэ хэт хабзэщ математикэмкIэ, биологиемкIэ, ОБЖ предметымкIэ къы­зэрагъэпэщхэм. Ари гурыIуэгъуэщ: щIыналъэпсо Iыхьэм щыте­-кIуэ еджакIуэ нэхъыжьхэм балл хэха къыхущIагъу, школ нэужьым еджапIэ нэхъыщхьэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщIэтIысхьэкIэ. Ар сэбэпышхуэ щыхъур мащIэкъым. 
Экспертхэм зэрыжаIэмкIэ, ШколакIуэхэм я урысейпсо олим­пиадэм и щIыналъэ Iыхьэхэм хэт хабзэщ ныбжьыщIэ миным ­щIигъу. Мы гъэми а бжыгъэр нэхъ мащIэ мыхъуну къалъытэ. 
ЕхъулIэныгъэ, текIуэныгъэ зыIэрагъэхьэну дохъуэхъу ныбжьы­щIэхэм. Апхуэдэ гупсэхугъуэ зыгъуэтынухэр, дауи, щIэныгъэрэ зэфIэкIрэ зэгъэгъуэтыным сыт щыгъуи ерыщу егугъуу къекIуэкI школакIуэхэращ. 
 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться: