«ГъущI хьэлъэхэр»

«ГъущI хьэлъэхэр» (тяжелые металлы) Менделеевым зэкIэлъигъэкIуа и системэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, лIэужьыгъуэ 40 мэхъу, я хьэлъагъыр атом единицэ 50-м нэблагъэу: ванадий, хром, марганец, железэ, кобальт, никель, гъуаплъэ, цинк, молибден, кадмий, бдзапцIэ, джынасу.
ГъущI хьэлъэхэр мащIэ - мащIэурэ цIыхум и Iэпкълъэпкъым щызэтрехьэ, сэбэпыныгъ лъэпкъ къыхуимыхьу. Абыхэм яхэтщ нэхъ шынагъуэу зыбжанэ: джынасу, бдзапцIэ, кадмий. Псом нэхъ гугъур ахэр зэрыпхуэмыгъэкIуэдынурщ, сыту жыпIэмэ, щIы щхьэфэм къыдигъэщIа пкъыгъуэу къокIуэкI икIи ар цIыхум пкъырохьэ ерыскъыхэкIхэм, псы зэфэм, хьэуа зэрыбауэм хэту, щIыфэ къудейм зыщIешэ. ЦIыхур, къэкIыгъэхэр, псэущхьэхэр, псалъэм папщIэ, гъущIымрэ гъуаплъэмрэ куэдрэ щыхуэныкъуэ къохъу, ауэ ар зыхуеину пщалъэм фIишмэ, къыпэкIуэнур зэраныгъэщ.
Псори щызэпыщIа щIыуэпсым къэкIыгъэм зыщIишэ пкъыгъуэхэр ерыскъым хэлъу цIыхум деж нос. Аращ сыт и лъэныкъуэкIи экологием и къабзагъэм дыхуэсакъын щIыхуейр. ХэткIи щэхукъым промышленнэ предприятэхэм, автомобиль гъуэгухэм пэгъунэгъуу псэу цIыхухэм химическэ пкъыгъуэ шынагъуэхэр нэхъыбэу къазэрылъэIэсыр, узыфэ хьэлъэхэр къахуихьу. Псом нэхъ шынагъуэжращи, иджыри къалъху сабийхэм (эмбрионым) йогуэри, ахэр ныкъуэдыкъуэу къалъху, щымыIа узыфэхэр къоунэху.
ГъущI зэранхэм (дзыгъуэгъалIэ, кадмий, бдзапцIэ, джынасу) яхуэмыгъэхъуж узыфэ хьэлъэхэр къадокIуэ. Ахэр нэхъыбэу жьэжьейм и къуэпсхэм тхьэмщIыгъум, къупщхьэхэм кIэрещIэ, щхъухь пкъыгъуэхэр зэтрехьэри, цIыхур яукI.
БдзапцIэр, къапщтэмэ, зэранышхуэ хуохъу псантхуэм, лъым, жьэжьейм, апхуэдэу лъыр егъэмащIэ (анемие), акъылкIи IэпкълъэпкъкIи лэжьыгъэр кърихьэлIэн къытехьэлъэу къарууншэ, тэмакъкIэщI мэхъу.
Кадмийр тхьэмщIыгъум, къупщхьэхэм, жьэжьейм йогуауэ, цIыхур зыхуей фосфорымрэ кальциймрэ япэувыжрэ, Iэпкълъэпкъыр зыхуэныкъуэр Iэримыгъыхьэу.
Джынасур лъыр зрикIуэ лъынтхуэхэмкIэ лъоIэс тхьэмщIыгъум, жьэжьейм, щхьэ куцIым, иужьрейм и псантхуэ къалэнхэр къыщызэпиудыпэ къэхъуу. Абы къыдэкIуэу цIыхум и Iэпкълъэпкъыр къыдэмыбзыж (церебральнэ паралич), нэф, дэгу мэхъу, къупщхьэхэм задз. Аращ цIыхум ишх ерыскъыхэкIхэм, Iэщым ират Iусыпхъэхэм, псым косметикэхэм я къабзагъым хуэсакъын щIыхуейр.

«Кавказ Ищхъэрэ МВЛ» ФГБУ - м и Къэбэрдей - Балъкъэр къудамэ.
Поделиться: