КъБР-м и Прокуратурэм къет

И мурадыр къехъулIакъым

КъБР-м и прокуратурэм судым игъэхьащ Узбекистаным щыщ цIыхубзым, наркотикхэкIхэр игъэкIыным пыщIауэ ягъэкъуаншэм, теухуа уголовнэ Iуэхур.
Республикэм и прокуратурэр арэзы техъуащ Узбекистаным щыщ цIыхубз Ю. УФ-м и УК-м и 30-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм, 228.1 статьям и 4-нэ Iыхьэм и «г» пунктым къыщыхьа щIэпхъаджагъэхэр (щэхуакIуэм гурыIуэу, хъыбар-телекоммуникацэ сетхэр къигъэсэбэпу наркотикхэкIхэр куэду игъэкIыным зепщытын) зэрилэжьам теухуауэ къаIэта уголовнэ Iуэхум. 
Следствием къызэрилъытэмкIэ, ягъэкъуаншэм, имыцIыхум гурыIуэри, иригъэкIыну наркотикхэкI зыIэригъэхьащ. АрщхьэкIэ, и мурадыр къехъулIакъым - ар полицэм и лэжьакIуэхэм яубыдащ гъэтIылъыпIэ щэхум наркотикхэкIхэр къыщрихым. 
Ю. теухуа уголовнэ Iуэхур Налшык къалэ судым хуагъэхьащ хэплъэну. 
Апхуэдэ щIэпхъаджагъэр зылэжьар илъэси I0-м къцщыщIэдзауэ 15-м нэскIэ ягъэтIысынкIэ мэхъу. 

 
ЩIы Iыхьэхэр етыным зэрыхэплъэ зэманыр ягъэмащIэ

УФ-м и Федеральнэ закон №509-ФЗ-м, 2022 гъэм дыгъэгъазэм и 5-м къащтам, ипкъ иткIэ УФ-м и ЩIы кодексым зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ, къэрал е муниципальнэ щIыр цIыхухэмрэ юридическэ лицохэмрэ етыным теухуауэ щыIэ пIалъэр гъэкIэщIыныр къигъэлъагъуэу. 
Къапщтэмэ, уполномоченнэ органхэр цIыхухэмрэ юридическэ лицохэмрэ щIы Iыхьэ яхухэхыным теухуауэ къата лъэIухэм хэплъэныр махуэ 30-м и пIэкIэ 20-м нэсу ягъэмэщIащ. 
КъищынэмыщIауэ, ар зей хъухэм хуагъэуващ мэкъумэшым къыхуагъэсэбэп щIы Iыхьэм мафIэс къыщыхъумэ, мафIэсгъэункIыфIхэм икIэщIыпIэкIэ хъыбар ирагъэщIэну икIи ар щагъэункIыфIкIэ зыщIагъэкъуэну. 

 
Махуэ 24-рэ къагъэсэбэп хъунущ

 

Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и кодексым и 262-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэхэр игъуэтащ Федеральнэ закон №491-ФЗ-м ипкъ иткIэ. Абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ цIыхур зыгъэлажьэм сабий ныкъуэдыкъуэ зиIэ адэ-анэхэм ящыщ зым (зыпIым, кIэлъыплъым) пщIэ зыпэкIуэ мылэжьэгъуэ махуиплI мазэ къэс хущIагъуну. А тIум а махуэхэр щыхуейм деж къыIах е зэхуагуэш хъунущ езыхэм нэхъ къезэгъыу къыщалъытэм тещIыхьауэ.
А махуэхэм хуэзэр ику ит лэжьапщIэм хуэдиз мэхъу икIи ар ират федеральнэ законхэм ягъэува хабзэм тету.
Зи гугъу тщIы апхуэдэ хуитыныгъэр къызэрагъэсэбэп щIыкIэр яубзыхуащ Урысей Федерацэм и Правительствэм 2014 гъэм жэпуэгъуэ и 13-м къыдигъэкIа унафэ №1048-м тету.
2022 гъэм дыгъэгъазэм и 5-м къащта Федеральнэ закон №491-ФЗ-м еубзыху сабий ныкъуэдыкъуэхэм я адэ-анэхэр е якIэлъыплъхэр мылэжьэну щыхуит а махуэхэр къызэрагъэсэбэпыну щIыкIэр. Абы къыщыгъэлъэгъуащ зы илъэсым къриубыдэу пщIэ зыпэкIуэ апхуэдэ мылэжьэгъуэ махуэу псори зэхэту 24-рэ къагъэсэбэпыну зэрыхуитыр . 
Законым къару игъуэтынущ 2023 гъэм фокIадэм и 1-м.
 

 

Зыгъэхьэзырар УАРДЭ Жантинэщ.
Поделиться: