Шумахуэ ХьэзрэIил Салмэн и къуэр

Ди республикэм и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хэщIыныгъэшхуэ ягъуэтащ. И ныбжьыр илъэс 81-м иту дунейм ехыжащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и артист Шумахуэ ХьэзрэIил Салмэн и къуэр.
ХьэзрэIил адыгэ уэрэдыжьхэр зыгъэзащIэ уэрэджыIакIуэ цIэ­рыIуэт. Зэпымыууэ зэрызэгу­гъужым, зыми емыщхь макъ дахэ зэриIэм я фIыгъэкIэ, абы хузэфIэкIат лъэпкъ уэрэдхэр Iэзащэу игъэIун. Езым хэлъ артистыгъэмрэ и теплъэ бжы­фIэмрэ зылъагъу псори къыдахьэхырт.
Шумахуэ ХьэзрэIил илъэс куэд­кIэ щытащ КъБР-м и Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэу, иужь­кIэ Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и хорым хэтащ. ХьэзрэIил хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ ди макъамэ гъуазджэр республикэми нэгъуэщI щIыпIэхэми хэIущIыIу щыщIыным, абы зегъэу­жьыным. 
Концерт гуимыхужхэр зэритым, лъэпкъхэм я зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр егъэ­фIэкIуэ­ным зэрыхэлIыфIыхьым папщIэ, Шумахуэм къыхуагъэфэщауэ щытащ «Къэрэшей-Шэрджэс Рес­публикэм и цIыхубэ артист» цIэ лъапIэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуазджэм хуищIа хэлъхьэныгъэр кърыралъытат «Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и артист» щIыхьыцIэм. 
Адыгэу дэнэ щIыпIэ щыпсэуми гуапэу я гум илъынущ зи къару емыблэжу лъэпкъым хуэлэжьа цIыху гуащIафIэр, зэчиифIэр. 
 
КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэ.
Поделиться: