«Линэ и удз гъэгъахэр»

ТхылъыфI къэс къалэн пыухыкIа ехь. Ар къэплъытэмэ, биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, РАЕН-м, А(Ч)МАН-м я академик, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Урысей Федерацэм, ЕгъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ингушетием щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Щхьэгъэпсо Сэфарбий «Линэ и удз гъэгъахэр» усыгъэ тхылъыр нэхъыбэу къэплъытэ хъунущ щIэныгъэ хэзыгъахъуэуи, дыкъэзыухъуреихь щIыуэпсым ехьэлIауэ гум гущIэгъу къыщызыгъэушуи, псэр зыгъэнщIуи.
«Мы тхылъ цIыкIур си къуэрылъху, сабий дыгъэ, псори дыкъэзыгъэщIам деж жэнэт бзууэ зыгъэзэжа си Линэ цIыкIу, си Линэ гуащэ фэеплъ хузощI». 2022 гъэм Щхьэгъэпсо Сэфарбий Налшык къыщыдигъэкIа «Линэ и удз гъэгъахэр» тхылъым и псалъащхьэщ мыхэр. Тхылъыр къызэIуех Линэ цIыкIу фэеплъ хуищIа усэмкIэ.
Уи цIэр тхъумэну удзым фIэтщауэ,
Уи фэеплъ дахэу къуршхэм къыщокI,- щыжеIэ абы.

«Линэ и удз гъэгъахэр» - къэкIыгъэхэм, удз гъэгъахэм, жыг лIэужьыгъуэхэм, псэущхьэхэм, хьэкIэкхъуэкIэхэм, жыпIэнурамэ, щIыуэпысм и хъугъуэфIыгъуэм усэбзэкIэ щытепсэлъхь тхылъщ. Ауэ мыр усэбзэ къудейкъым, щIэныгъэкIэ псыхьа усэбзэщ. Укъеджэу зыбгъэпсэхуу аракъым тхылъым – щIэщыгъуэрэ гъэщIэгъуэну куэд къыбжаIэ, уагъэгупсысэ. УсэбзэкIэ зэтещыпыкIауэ къиIуэтащ щIыуэпсым и щэхухэр, уеблэмэ ар усэ гъуэгукIэ тхыдэми IуэрыIуатэми хохьэ. Биологие щIэныгъэм куууэ зэрыхэтым, щIыуэпсым и щэху куэд зэрищIэм, дыкъэзыухъуреихь дунейм бзэ щхьэхуэ зэриIэр зэрызыхищIыкIым нэмыщI, лъэпкъ тхыдэми щэнхабзэми захуегъазэ. Языныкъуэ тхыгъэхэм псалъащхьэурэ къыщокIуэ зытепсэлъыхьым пэджэжу адыгэ усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм къахиха сатырхэр. Псалъэм и хьэтыркIэ, адыгэшым щытепсэлъыхькIэ, Щомахуэ Амырхъан и псалъэхэр къехь: «Феплъ, илъащи, шы лъакъуэхур, шагъдий дахэу адыгэшыр». Дзэлхэм я гугъу щищIкIэ, Гъубжокъуэ Лиуан и сатырхэр къегъэлъагъуэ: «Лей къалъысами зэ дзэл бжэгъухэм, ялъокIыр жыгыу щIым хэкIэн». ЕкIэпцIэм и деж носри, Ацкъан Руслан и усэр дигу къегъэкIыж: «ЕкIэпцIэ пкъохэр къызэпхощ ятIагъуэ блыным, дзажэм ещхьу». «Андэгурэ сшхакъым Iэджэ щIауэ, нобэ дыдэгъэкI андэгурэхьэ» жеIэри, Уэрэзей Афлик и сатырхэмкIэ къыщIедзэ а къэкIыгъэм теухуа усэри. УсакIуэхэм я едзыгъуэхэм нэмыщI, адыгэ уэрэдыжьхэм, IуэрыIуатэм захуегъазэ - ахэри щапхъэу къегъэсэбэп.
    Дызытепсэлъыхь тхылъым ит усэ къэс щIэныгъэ къыхыбох. КъэкIыгъэхэм тепсэлъыхьмэ, усэм хеухуанэ ахэр зыгъэщхьэхуэ гуэрхэр: къыщыкI щIыпIэр, зэрысэбэпымрэ зэрыхущхъуэмрэ, къыхащIыкIыр, мэ къыпихыр зыхуэдэр. Хэт мащIэ хъури Тхылъ плъыжьым иратхащ, хэт кIуэдыжащ, хэт куэду къокI, хэт зэран иIэщи яхуэгъэкIуэдкъым.
ФIарийм, розэм, сэтэнейм, енэбым, мэжджытжыгым, къыпцIейм, къущхьэхъу шейм, къалэрдэгум, тут мэракIуэм, кхъужьейм, къэрабэм – къэкIыгъэ куэд дыдэм щытетхыхьащ тхылъым икIи дэтхэнэри щIэщыгъуэ къыпщещIыф, сыту жыпIэмэ нэхъапэкIэ узримыхьэлIа къахыболъагъукI.
Псэущхьэхэм щатетхыхькIэ, ахэр щыпсэу щIыпIэхэр, я хьэлхэр, я теплъэр, я къарур къегъэлъагъуэ.
«Щомыщыр Кавказым щыгъэбэгъуэжынымкIэ Урысей комиссэм и тхьэмадэ, ди ныбжьэгъуфI академик Рожнов Вячеслав и деж» жеIэри «Щомыщ» усэр егъэпс. ХьэкIэхъуэкIэхэр щысхьыншэу зыукI нэпсей гуэрхэм я зэран екIыу ахэр кIуэдыжхэм зэрыхабжар, Тхылъ Плъыжьым зэрыратхар жеIэ. И бланагъэм, и зекIуапIэхэм, и хьэлхэм, и фэм, и нэм и жанагъым, зэрытхьэкIумафIэм, и шхыныгъуэм - псоми топсэлъыхь.
 «Линэ и удз гъэгъахэр» усэ тхылъым иIэщ псалъэгъэнахуи. Псэущхьэхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ, ахэр къыщыкI щIыпIэхэм я фIэщыгъэхэр гурыIуэгъуэ щещI абдеж.
Тхылъым и фIагъхэм ящыщщ абы ит тхыгъэхэр ахэр зи IэдакъэщIэкIым езым триха сурэтхэмкIэ зэрыгъэщIэрэщIар. Тыншщ: усэм укъоджри, и щIагъымкIэ сурэтым ущоплъыж, фIэщыгъэхэм къыбгурымыIуэ яхэтми, псалъэгъэнахуэмкIэ къыщыбогъуэтри зыбогъащIэ.
Тхылъым ит тхыгъэхэм щIэныгъэ зэрахэлъым, псалъэхэр шэрыуэу зэригъэджэгум нэмыщI, усэхэм художественнэ дуней ущрохьэлIэ: «Тегъэхуауэ тхьэкIумитIыр, къурш бэуэкIэм щIодэIукIыр» («Шыкъулътыр), «Iэгум ижу и пкъыр псыгъуэт» («Щомыщ»), «Тхьэмпэ кIыхьым жьыр еубыдри, телъщ псы щIыIум хьэфэ топу» («Псыенэб»), «ЗэрылъэкIкIэ зищIу лъагэ, зыхуищIыну гъунэгъу дыгъэм» («ТIупI дэжей»), «Ещхьу нэпсыр щIипIытIыкIым, тхьэмпэм ибгъухэр ещIыр псыф» («Удз гъыринэхэр»).
«Линэ и удз гъэгъахэр» ди щIыуэпсыр зэрыбейм щыхьэт техъуэ тхылъщ. Мыбы балигъхэри нэхъыщIэхэри дихьэхынущ. Псом хуэмыдэу тхылъыр къахуэщхьэпэну си гугъэщ ныбжьыщIэхэм, курыт еджапIэм щIэсхэм. Япэрауэ, къэкIыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ зэригъэцIыхуну дихьэх цIыкIухэр а гъэщIэгъуэн ящыхъум нэхъри куууэ хишэнущ; етIуанэрауэ, зи гупсысэ зэрыубыд къудей школакIуэхэр мыбы итхэм еджэмэ, гущIэгъум, гудзакъэм хуиущиинущ; ещанэрауэ, тхылъыр щапхъэ яхуэхъунущи, лъэпкъ тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ гулъытэ хуащIыным цIыкIухэр нэхъри хущIэкъунущ. Ехъуапсэу, усэ цIыкIухэр зэзыгъащIэм абы хэлъ щIэныгъэр игъащIэкIэ и щхьэм къинэнущ.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: