Жыджэру Iуэхум пэрыт

Зыпэрыт Iуэхум кърит гухэхъуэмрэ дэрэжэгъуэмрэ нэхъыбэм трагъэгушхуэу, щхьэпагъ зыпылъ лэжьыгъэ зэрызэфIихыным хущIэкъу цIыхущ къэхутакIуэ емызэш, ЮНЕСКО-м, Урыс географие зэгухьэныгъэм я действительнэ член Мысырджэн МуIэед. Сэрмакъ къуажэм дэт езанэ курыт школыр къиуха иужь, абы лэжьэн щыщIидзащ «СевКавЭлектроприбор» IуэхущIапIэм. 1970 гъэм дзэм къулыкъу щищIэну ираджэри, абы илъэситIкIэ щыIащ. Къигъэзэжа нэужь Кавказ Ищхъэрэ Бгы лъагэ институтым Уэм пэщIэтынымкIэ и IуэхущIапIэм щылэжьащ. 1974 гъэм ар щIэтIысхьащ хамэ къэралыбзэхэр щаджу Пятигорск дэт педагогикэ институтым. Ар ехъулIэныгъэкIэ къиухри, езыр зыщIэса курыт школым лэжьэн щыщIидзащ, инджылызыбзэмрэ франджыбзэмрэ иригъэджу. 
И къежьапIэм, дэзыхьэха Iуэхум теухуауэ къытхуиIуэтахэм фыщыдогъэгъуазэ. 

Гуимыхуж лъэхъэнэ

 
- ЦIыхум и гъащIэ гъуэгуанэр къызэрекIуэкIынур куэдкIэ елъытащ абы и къежьапIэм… сабиигъуэм. Си сабиигъуэ гукъэкIыжхэр нэхъыбэу зэпхар Балъкъ псым и Iуфэрщ. Гуапэу куэдрэ си нэгу къыщIохьэж а зэманыр. Гуимыхуж лъэхъэнэщ. Сабий гупыр псы Iуфэм дыщызэхуэсырти, демызэшу дыджэгурт. Абы щыгъуэм дэ дызэрыджэгуу щыта адыгэ джэгукIэхэр нобэрей сабийхэм яцIыхуххэкъым. Псом хуэмыдэу щIалэ цIыкIухэм фIыуэ тлъагъурт арыхъ джэгукIэр. Нобэрей щIэблэр телевизорымрэ интернетымрэ къыбгъэдэкIыркъым. АдэкIэ школ илъэсхэр къапщтэмэ, фIыкIэ сигу къинэжащ ди егъэджакIуэхэр, щIэныгъэм и мыхьэнэр, ар гъащIэ гъуэмылэ нэхъыщхьэу зэрыщытыр зыхыдагъэщIэфащ абыхэм, нобэ си лэжьыгъэми абыхэм я щапхъэр куэдрэ къысхуощхьэпэ. Армэм щызгъэкIуа илъэсхэми мыхьэнэшхуэ яIэт си зэхэщIыкIым, къэухьым зиужьынымкIэ.

 «Додо Клаб» экологие зэгухьэныгъэр 

- ЕгъэджакIуэу лэжьэн щIэздзэри, куэд дэмыкIыу школ гъащIэр зэшыгъуэу къысщыхъуащ. Абы щIэщыгъуагъ, гъэщIэгъуэн гуэр хэлъхьа зэрыхъуным сегупсысурэ мис мы клубым и къызэгъэпэщыным сыхуэкIуащ. Экологие унэтIыныгъэ иIэу ар къызэгъэпэщыным сэбэп хуэхъуащ Инджылызым щыщ зоолог икIи тхакIуэ цIэрыIуэ Даррелл Джеральд сцIыхуу, лэжьыгъэкIэ дызэпыщIауэ зэрыщытыр. Абы къызэригъэпэщащ къэкIыгъэ, псэущхьэ кIуэдыжынкIэ шынагъуэ зиIэхэр щахъумэ, щакIэлъыплъ заповедник. Джеральд иригъэкIуэкI лэжьыгъэм фIыуэ сыщыгъуазэт, сыдихьэхырти, абы ещхьу Iуэху гуэр мыбдеж щызублэмэ, сэбэпынагъ гуэр щIыуэпсым къыхуэсхьыну къысщыхъурт. Клубым фIэщыгъэ хуэтщIащ ди щIыуэпсыр зыгъэдахэу щыIа, цIыхухэм я зэранкIэ кIуэдыжа додо къуалэбзум и цIэр. А бзур адыгэ лъэпкъхэм я вагъуэ 12-р зыщхьэщыт Iуащхьэмахуэ и лъапэм деж щысу сурэт едгъэщIри, ар клубым и дамыгъэу дгъэуващ.
Зэгухьэныгъэм и къалэн нэхъыщхьэм и гугъу пщIымэ, ар дыкъэзыухъуреихь дунейр, щIыуэпсыр хъумэнырщ, абы и къабзагъэм кIэлъыплъынырщ, зэрыхъукIэ ар егъэфIэкIуэнырщ, ди щIыпIэм экологие къэхутэныгъэхэр щегъэкIуэкIынырщ. 
 Апхуэдэ экологие гъэсэныгъэм мыхьэнэшхуэ иIэщ ныбжьыщIэхэм я дежкIэ, ахэр къохъу къэзыухъуреихь дунейм лъагъуныгъэ хуаIэу, абы пщIэ хуащIу. Клубым хэтхэм Балъкъыпсым и Iэгъуэблагъэм къэхутэныгъэ зекIуэ зэхуэмыдэ куэд щрагъэкIуэкI. Апхуэдэу илъэс 20 ипэкIэ, кIуэдыжауэ къалъытэ, Джэнал бгым и щыгум къыщыкI тюльпаным и хэщIапIэщIэ къэтхутащ, «Хэкужьым и удз хущхъуэкIэ» еджэу уIэгъэр, мафIэсыгъэхэр зэрагъэхъуж удз лъэпкъыгъуэ гуэри къэдгъуэтыжащ, Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэ лъандэрэ къэмыуауэ Къуэрыкъуэ псыпцIэм къыхэна лагъым дыIууауэ щытащ. Джэнал бгы лъапэм къыщыщIэж хъуа псынэпс цIыкIуитIыр – «Додо», «Пащтыхьыпхъу Дианэ» зыфIэтщахэри – дэращ къэзыхутар. Куэд мэхъу ди къэхутэныгъэхэр. Илъэс къэс дэ дыкIэлъоплъ къуалэбзухэр щIыпIэ хуабэм зэрылъэтэжымрэ къызэрагъэзэжымрэ, ди псыхэм хэс бдзэжьейхэр зыхуэдэм, дыгъэм и къепсыкIэм, зэман зэхуэмыдэхэм дунейр пшагъуэ зэрыхъум, псы ежэххэм ягъуэт зэхъуэкIыныгъэхэм, нэгъуэщI куэдми. Апхуэдэ щIыкIэкIэ ныбжьыщIэхэр щIыуэпсым нэхъ пэгъунэгъу мэхъу, абыхэм къагуроIуэ дыкъэзыухъуреихь дунейр къабзэу зехьэным иIэ мыхьэнэр. 

 ЕхъулIэныгъэхэр 

- Клубым хэт ныбжьыщIэхэм жыджэру я зэфIэкI щагъэлъагъуэ экологие зэхьэзэхуэхэм, гъэлъэгъуэныгъэхэм икIи абыхэм сытым дежи бжьыпэр щаубыд. КъыжыIэпхъэщ ди гъэсэнхэр урысей зэпеуэхэм я лауреат мызэ-мытIэу зэрыхъуар.
1997 гъэм клубыр хагъэхьащ ЮНЕСКО-м и къудамэхэм ящыщу «Планетарное общество» жыхуиIэм, Италием и къалащхьэ Рим и экологие зэщIэхъееныгъэм хэтщ. 2009 гъэм ар Урысей географие зэгухьэныгъэм и член хъуащ. Ди клубым пыщIэныгъэхэр яхуиIэщ УФ-ми хамэ къэралхэм щылажьэ езым хуэдэ зэгухьэныгъэхэм. Абыхэм псоми интернеткIэ запыдощIэ, дэ езым сайт щхьэхуэ диIэщ. Зэгухьэныгъэм хэт цIыкIухэр мызэ-мытIэу ирагъэблэгъащ США-м, Инджылызым, Франджым, Италием щыIэ мыпхуэдэ клубхэм. 

Къэрал гукъинэжхэр

- Сэ езыр къэрал 15-м сыщыIащ, Германиемрэ Франджымрэ мызэ-мытIэу тезгъэзэжащ. Абыхэм ящыщу нэхъ сигу къыдыхьэр Франджы къэралыгъуэрщ. Ар Европэм хиубыдэ къэрал нэхъ ин дыдэщ. Абы тхыдэ, щэнхабзэ къулей иIэщ, абыхэм нэхъ гъунэгъуу зыщыбгъэгъуэза иужькIэ удимыхьэхынкIэ Iэмал иIэкъым. Я цIыхухэм гъэсэныгъэ куу яхэлъщ, гуапэхэщ. А къэралым и хэгъэгухэм ящыщу къыхэзгъэщыну сыхуейт Нормандиер. Абы телъыджэ куэд щыболъагъу. Удз шыугъэ къыщыкIыу дуней псом щыIэр а зы щIыпIэращ. Губгъуэм къытелъадэ псы шыугъэм удзыр апхуэдэу ещI. Ар зышх Iэщхэм я лыр шыун хуэмейуэ, шыгъукIэ ирикъуауэ щытщ.
 

ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ