ЩIэблэм и узыншагъэм тращIыхьуПэщIэдзэ классхэм щеджэ цIыкIухэм ерыскъы хуабэ ирагъэшхыныр ди республикэм и курыт еджапIэхэм хабзэ дахэ щыхъуащ. Ар жытIэ щхьэкIэ, нэхъ пасэ зэманхэми шэджагъуашхэ ирагъэщIу къекIуэкIащ сабийхэм. Абы папщIэ еджапIэ пщIантIэхэм унэ щхьэхуэхэр дэтт е цIыкIухэр щрагъаджэ класс пэшхэм хущIахьэрт. Ар куэди хъуртэкъым - хьэнтхъупс, фошыгъу шей, езы пщафIэхэм ягъэжьа щIакхъуэ, мыIэрысэ зырыз… КъызыхэкIа щхьэусыгъуэри мыгурыIуэгъуэу, ар иужькIэ зэпагъэужауэ щытащ. ПэщIэдзэ классхэр ерыскъы пщтыркIэ къызэгъэпэщыныр езы сабийхэмкIи адэ - анэхэмкIи куэд и уасэщ.
Поделиться:
Читать также:
24.03.2023 - 17:55 →
Къаруушхуэ текIуадэми
24.03.2023 - 15:09 →
ЦIыху гъащIэр къегъэлыныр лъапIэныгъэщ
24.03.2023 - 15:07 →
ШколакIуэхэм папщIэ бжэ зэIуха
24.03.2023 - 15:06 →
Гъатхэ лэжьыгъэхэр
24.03.2023 - 12:48 →
Псантхуэхэм я лэжьэкIэр
|