Лъыр щхьэ Iэпхъуамбэ цIэншэм хашрэ?

ЦIыхум и узыншагъэр къалъытэн, къефыкI узыр зищIысыр къащIэн папщIэ, и Iэпэм е и Iэблэм лъы хаш. Абы и зэхэлъыкIэм (зыгуэр ебэкIмэ е къыхуэтмэ) елъытауэ дохутырм жиIэфынущ узыр къызыхэкIари, зищIысри, зэрагъэхъужри.

Языныкъуэхэм лъы хэшыным апхуэдизкIэ щошынэри, аркъудейм къыхэкIыу, зэрысымаджэр куэдрэ ябзыщI, узыр хагъэтIасэ. ЩыIэщ жызыIэ: «Сыт хуэдиз ухуейми си Iэблэм хэш, ауэ си Iэпэм уемыIусэ».  Пэжу, Iэпхъуамбэм мастэр къыщыхаIум деж уи къупщхьэм, куцIым хыхьэу къыпщохъу, уи псэр къыдоскIэ. Ар къызыхэкIыр Iэпхъуамбэм деж псантхуэ куэд щызэхуэхусащи аращ.

Сыт-тIэ, Iэпхъуамбэ цIэншэм лъы щIыхашыр, щхьэ зэхуэмыдэрэ абырэ Iэблэм хашымрэ?

КъызэрыщIэкIымкIэ, Iэпкълъэпкъ псом щыщу, IэпхъуамбэджэдыкIэм лъы хэпшыну нэхъ тыншщ. Сыту жыпIэмэ, абы цы теткъым, и фэр пIащIэщ, абы къыхэкIыу нэхъ псынщIэу мэкIыж, лъынтхуэ куэд щызэхуэхьэсащи, нэхъ тыншу, нэхъ псынщIэу лъы къыщIож, хуиту уопIытIыф. Абы и закъуэкъым… ЦIыхум Iуэху щищIэкIэ, щыIэбэкIэ, щытхэкIэ Iэпхъуамбэ цIэншэр къигъэсэбэпыххэркъым. Абы къыхэкIыу абы и фэр псом нэхърэ нэхъ пIащIэщ, къызэрамыгъэсэбэпым щхьэкIэ узыр нэхъ мащIэу зыхещIэ, абы къыпкърыкIыу лыпцIэ Iэпкълъэпкъым екIуалIэркъыми, е екIуэми, Iэпэм фIэкIынукъым, Iэпкълъэпкъым зриубгъуэнукъым.

Къыхэгъэщыпхъэщ сыт хуэдэ уIэгъэри е екIуэнкIэ зэрыхъунур ухуэмысакъмэ, лъы къыщащтэкIэ спирт щамыхуэмэ е кIэщIу зыщIыпIэ ухэIэбэрэ фIей кIуэмэ. Псалъэм папщIэ, Iэпхъуамбэшхуэм е Iэпхъуамбэ жьакIэм е екIуэмэ, Iэ псом, Iэблэм, уеблэмэ тхыцIэми зриукъуэдиенкIэ мэхъу. Мыдрей Iэпхъуамбищыр апхуэдэкъым. Iэпхъуабэ цIэншэр нэхъ мащIэу къызэрыдгъэсэбэпым къыхэкIыу, нэхъ мащIэрэ догъэхъейри, нэхъ псынщIэу мэкIыж.

Иджыри зы упщIэм гу лъытапхъэщ – цIыхум щIэт лъыр зымэ, дэнэ щIыпIэкIи ар щызэхуэдэмэ, щхьэ апхуэдизу уз Iэпэм хашрэ, Iэблэм хэпш хъунуми? Iэблэм къыхаш лъымкIэ къыпхуэхутэнущ цIыхум къыдалъхуа е ныбэрылъым пкъырыт узыфэхэр, уэтэпсым и зэхэлъыкIэр, нэгъуэщIхэри. Iэпхъуамбэм хашымкIэ къалъытэ цIыхум и лъым и зэхэлъыкIэр, холестеринымрэ глюкозэмрэ зыхуэдэр. Ар нэхъ псынщIэу зэфIокI, Iэблэм хашам нэхъ кIыхьлъыхьу йолэжь.

Пэжщ, лъыр зыщ, сыт хуэдэ щIыпIэм къыхыумышами, къигъэлъагъуэр зыщ. Ауэ Iэпхъуамбэм хашыр нэхъ псынщIэу мапцIэри, къэпщытэныгъэхэм зэран хуохъу.

 

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: