Лъэпкъыр зы щIыжыныр ди къалэнхэм ящыщщ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэр унэтIыныгъэ зыбжанэу зэрызэхэтыр, дэтхэнэ зыми лъэпкъ гъащIэм ехьэлIа Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд къызэрызэщIиубыдэр къыхэщащ Налшык къалэ иджыблагъэ щекIуэкIа Дунейпсо Адыгэ Хасэм и зэIущIэ убгъуам Сэхъурокъуэ Хьэутий къыщипсэлъам. Тхьэмадэм и псалъэм курых хуищIащ анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ хъумэн икIи зегъэужьын, хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр адэжь лъахэм къешэлIэжын зэрыхуейр. А гуращэхэр зэщIэным лэжьыгъэ зыбжанэ ещIэкIащ. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ядригъэкIуэкI лэжьыгъэр. Ари унэтIыныгъитIкIэ къызэгъэпэщащ: зыр – Хэкум къэIэпхъуэжахэр лъахэм щекIуэкI гъащIэм хэзэгъэжыным, бзэр егъэщIэным теухуащ; етIуанэр – хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр быдэ щIыным, нэхъри щIэгъэхуэбжьэным хуэгъэпсащ.

Сэхъурокъуэ Хьэутий зэрыжиIэмкIэ, мы лэжьыгъэр сыт щыгъуи йокIуэкI, зэпыуи къыхэкIыркъым. Мы зэманым ирихьэлIэу хамэ къэрал къикIыжу зи хэку зэзыгъэгъуэтыжа ди лъэпкъэгъухэм я бжыгъэр цIыху 5000-м ноблагъэ. ДАХ-м лэжьыгъэшхуэ дрегъэкIуэкI Сирием къикIыжа адыгэхэм. Абыхэм ящыщу мы зэманым ирихьэлIэу Хэкум къихьэжащ цIыху 3000-м щIигъу. Сирием къикIыжахэм я нэхъыбэр абы 2011 гъэ лъандэрэ щекIуэкI зауэм я щхьэр къыхэзыхахэрщ. АР-ми, КъБР-ми, КъШР-ми, я къулыкъуэщIэхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ Хэкум къихьэжахэм зэрахузэфIэкIкIэ зыщIагъакъуэ. Апхуэдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым Сирием къикIыжа ди лъэпкъэгъухэм щхьэкIэ къуажэхэмрэ къалэхэмрэ унэ лъапси 120-рэ щыхузэрагъэпэщащ.
КъэкIуэжхэм я Iуэхухэм хэкурыс адыгэхэр зэригъэпIейтейм и щыхьэтщ ДАХ-м и жэрдэмкIэ 2013 гъэм мэкъуауэгъуэм и 29-м Налшык къалэ щызэхиша Дунейпсо Адыгэ форумыр. Абы хэтащ КъуэкIыпIэ Жыжьэми КъуэкIыпIэ Гъунэгъуми щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Хы Iуфэ Шапсыгъым щыIэ адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр. Форумым хиубыдэу «Сирием щыпсэу уи лъэпкъэгъухэм ядэIэпыкъу!» зи фIэщыгъэ псапащIэ телемарафоныр къызэрагъэпэщауэ щытащ. Абы къыхэкIа ахъшэр гузэвэгъуэмрэ псэзэпылъхьэпIэмрэ ихуа ди лъэпкъэгъухэм хуагъэхьауэ щытащ.
Апхуэдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ палатэм граждан жылагъуэм зегъэужьынымкIэ, жылагъуэ икIи дин зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэнымкIэ и къудамэм 2019 гъэм мазаем и 19-м иригъэкIуэкIа зэхуэсым къыщыхалъхьэри, Тыркум къикIыжу Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуэжа ди лъэпкъэгъухэм я хуитыныгъэхэр къызэпызыуд къэрал къулыкъущIапIэхэм яхуэгъэза тхьэусыхафэми щыхэплъауэ щытащ. Жылагъуэ палатэм и Советым къэзыгъэзэжахэм я Iуэхум жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ къэрал IэнатIэхэмрэ зэгъусэу хэплъэныр икIи Iэмалыншэу зэфIэхыныр игъуэу къилъытащ.
Къэзыгъэзэжахэр хэку гъащIэм нэхъ щIэх хэсыхьыжыным хуэунэтIауэ щIэх-щIэхыурэ зэIущIэхэр, Iэнэ хъурейхэр зэхашэ. А зэхуэсхэм кърохьэлIэ цIыхур лэжьыгъэкIэ къызэгъэпэщыным, щIэныгъэ егъэгъуэтыным, Iэпхъуэшэпхъуэным пыщIа къулыкъущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр, жылагъуэ зэщIэхъееныгъэхэм я лIыкIуэхэр. Къэралым щызекIуэ мардэхэм къызэритIэс хуэдизкIэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу зымыгъуэт щыIэкъым.
ДАХ-р хэтщ Хэкум къихьэжахэм я тхылъымпIэхэр зыхуей хуэгъэзэным пыщIа Iуэхугъуэхэм. ПIалъэкIэ щыпсэуну, къэралым щыIэну хуит зыщI тхылъхэм щхьэкIэ цIыхур зыхуеину дэфтэрхэр зэхуэхьэсыным, лъэIу тхылъхэр урысыбзэкIэ зэхэгъэувэным теухуауэ ДАХ-м лъэкI къигъанэркъым.
Хэкум къихьэжа ди лъэпкъэгъухэм я сабийхэр гъэсапIэхэм гугъуехь къыхэмыкIыу къащтэным и IуэхукIэ егъэджэныгъэм епха IуэхущIапIэхэм ДАХ-р ядолажьэ. Апхуэдэу Налшык къалэ дэт ЕгъэджэныгъэмкIэ департаментым зэгурыIуэныгъэ етщIылIащ, хъарзынэуи дызэдэлажьэ хъуащ. Къэзыгъэзэжахэм гуныкъуэгъуэ щаIэм деж, сабийр еджапIэм щIэтIысхьа е сабий гъэсапIэм къащта хъун папщIэ ДАХ-м хузэфIэкI къигъанэркъым, ар абы къыщемыхъулIи къэхъуркъым. Абы къищынэмыщIауэ, Сирием къикIыжа ди лъэпкъэгъухэм папщIэ адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ щрагъэдж курсхэр ДАХ-м къызэрегъэпэщ. Я нэхъ мащIэу зы курс зэхыхьэгъуэм цIыху 50-60 хуэдиз къызэрызэщIиубыдэр къыхэгъэщын хуейщ.
Жылагъуэ е щэнхабзэ мыхьэнэ яIэу ди щIыналъэм зы зэхуэси щекIуэкIыу къыщIэкIынукъым ди лъэпкъэгъухэр здрамыгъэблагъэ. Ар ди къуэшхэмрэ ди шыпхъухэмрэ Хэкум хэсыхьыжыным хуэунэтIа Iуэхугъуэм къыщынэркъым, атIэ лъэпкъым щыщу зыкъегъэлъытэжыным, уеблэмэ абы хэшыпсыхьыжыпэным хуэгъэзащ. ДАХ-м иужьрей илъэсищым къриубыдэу апхуэдэ зэIущIэу, республикэ мыхьэнэ зиIэу 15-м щIигъу иригъэкIуэкIащ.
Къыхэгъэщын хуейщ ДАХ-м и зэхуэсхэм «ХамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэзыгъэзэжыну хуейхэм ядэIэпыкъуным и IуэхукIэ» зи фIэщыгъэ къэрал программэр зэщIа зэрыхъу щIыкIэм мызэ-мытIэу зэрыщытепсэлъыхьыр. Апхуэдэу ДАХ-м ди лъэпкъэгъухэр зыIууэ гугъуехьхэр ящызыгъэпсынщIэ Iуэху еплъыкIэхэр ирихьэлIащ «2023 – 2025 гъэхэм хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэзыгъэзэжыну хуейхэм ядэIэпыкъуным и IуэхукIэ» къэрал программэм и пэхуэщIэм икIи ахэр къулыкъущIэхэм я пащхьэ ирилъхбащ.
Хэкум къэкIуэжа ди къуэшхэмрэ ди шыпхъухэмрэ ди республикищым я зыужьыныгъэм гуащIафIэу хуолажьэ, абы и лъэпкъыбэ жылагъуэми фIы дыдэу хэзэгъащ. Урысей Федерацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм Iэпхъуэшэпхъуэным пыщIа и IуэхущIапIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм къызэрилъытэмкIэ, хамэщI къикIыжу Хэкум къихьэжа ди лъэпкъэгъухэм уащIытешыныхьын зыри якъуэлъкъым, къыздэкIуэжа хэгъэгум иIэ жылагъуэ псэукIэм хъарзынэу хэзэгъащ.

 

 

ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.
Поделиться: