Ди хэкумрэ ди хабзэмрэ хуэдэ щыIэкъым

Къулъкъужын къуажэм къыщыхъуа, щеджа адыгэ пщащэ Къуэдз Аксанэ илъэс 20-м нэблэгъауэ Германием щопсэу, щолажьэ. Унагъуэщ, пхъуитI иIэщ. Нэмыцэ къэралыгъуэм къыщаIэт сыт хуэдэ адыгэ Iуэхуми жыджэру хэтщ, щIэблэм адыгэбзэр егъэщIэным и гуащIэ хелъхьэ. Аксанэ «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIэщым къеблэгъати, упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ. 
 

- Аксанэ, илъэс 20 лъандэрэ уахэсщ нэмыцэ къэралыгъуэр псэупIэ зыхуэхъуа ди лъэпкъэгъухэм. Шэч хэмылъу, дэ япэу тфIэгъэщIэгъуэныр сыт я псэукIэ, адыгэбзэр, хабзэр хъумэнымкIэ я Iуэхур сытым тет? Нобэ адыгэбзэкIэ къопсэлъэф яхэт Германием къыщалъхуа адыгэхэм? Нэхъыжьхэр гурыIуэгъуэщ, щIалэгъуалэмрэ курыт ныбжьым итхэмрэ нэхъ ятеухуауэ узгъэпсэлъэнут. 
- Нэмыцэхэм яхэс псоми я гугъу сымыщIу, сэ сыщыпсэу Ганновер къалэр къэсщтэнщи, Сирием къикIа адыгэхэр къытхыхьэри, ди щIалэгъуалэр нэхъыбэ хъуащ. Сэ абыхэм адыгэбзэр зрагъэщIэнымкIэ садоIэпыкъу. Си лэжьыгъэм сыкъыщыдэхуэ зэманым, тхьэмахуэ махуэхэм садолажьэ. ЯщIэжрэ щIалэгъуалэм адыгэбзэ? Куэдым яIурылъкъым. Ауэ адыгагъэр зэрахьэ, я лъэпкъ хабзэм тетщ, къызытекIари къыздикIари ящIэу апхуэдэщ. Ар къызыхэкIыр адыгэбзэ зымыщIэж адэ-анэм я унагъуэм щапI сабийм бзэр Iурамылъхьэф щхьэкIэ я лъэпкъ тхыдэр зэрыжраIэрщ, зэхэщIыкI яIэу къызэрагъэтэджырщ. Нэмыцэ щIалэгъуалэм къахыбоцIыхукI адыгэхэр. Ари куэд и уасэщ. Абы къокI ар и хьэл-щэнкIэ, и дуней тетыкIэкIэ адыгэу къызэрынар, нэмыцэм яхэту къэхъу щхьэкIэ, ящыщ зэрымыхъуар. Си гугъэщ дяпэкIэ щIалэгъуалэм бзэ нэхъ яIурылъ хъуну. КIуэтэху яIэщIэхунуращ жыпIэ щхьэкIэ, дунейм къыщыхъу зыужьыныгъэм лъэпкъ мащIэхэми сэбэп къахуэхъун куэд къыхах. Дэ псори зы унэ дыщIэс хуэдэу дыщызэпыщIа зэманым дыкъызыхэкIар дгъэгъуэщэну, хамэ къэралыбзэхэр зыбжанэу щыдджкIэ, ди анэдэлъхубзэр зэдмыгъэщIэну хуитыныгъэ диIэкъым. Сэ ядэслъагъур зыщ – адыгэбзэр ямыщIэми, зрагъэщIэну зэрыхуэпабгъэрщ. 
- Германием япэ дыдэу Адыгэ Хасэ къыщызэзыгъэпэщахэм ящыщу дэ фIыуэ доцIыху ТIамжьыкъуэ Умар-Фарукъ, ар куэдрэ хэкуми къэкIуащ, хамэ къэралхэм ис адыгэхэм щхьэкIэ куэд зыщIа лIыщ. Абы уэри удолажьэ, Умар-Фарукъ и IуэхущIафэхэр адыгэхэр адыгэу къызэтенэным сэбэп зэрыхуэхъум, нобэ екIуэкI лэжьыгъэхэм утезгъэпсэлъыхьынут. 
- Умар-Фарукъ пщIэшхуэ зиIэу Германием ис адыгэлIхэм язщ жысIэ мыхъуу, япэщ жысIэмэ, нэхъ сигу зэгъэнущ. Си щхьэкIэ согуфIэ ар зыдэс къалэм сыщыпсэуну си насып къызэрихьам щхьэкIэ. Дэ лэжьыгъэ IуэхукIи дызэхуозэ, унагъуэкIи дызэкIэлъокIуэ. Си адэ-анэм сазэрыпэIэщIэр тынш сщищIу си гъащIэм хэт адэ пэлъытэщ ар. 
И лэжьыгъэмрэ и зэфIэкIымрэ утепсэлъыхьын щIэбдзэмэ, жэщ-махуэкIэ къыпхуэIуэтэнкъым а лIым и лъэпкъым хуищIэмрэ и хэкум зэрыхуэпэжымрэ. Умар-Фарукъ лъэхъэнэхэр зэпызыщIэ цIыхущ жыпIэмэ, ущыуэнукъым. Абы ищIэмрэ, иджымрэ, къиIуатэмрэ, нэхъыщIэхэм зэрадэгуашэмрэ пщалъэ гуэркIэ къыпхуэлъытэнукъым. Институт ущеджэн хуейкъым адыгэхэм щхьэкIэ зыгуэр къэпщIэн, уи бзэр, хабзэр зэбгъэщIэн щхьэкIэ, атIэ а нэхъыжьыфIым убгъэдэсын хуейуэ аращ. Я насыпщ иджыпсту и гъусэу псэу щIалэгъуалэм. Къулъкъужын адыгэ къуажэжьым къыдэкIа сэ, адыгагъэкIэ, хабзэкIэ, бзэкIэ сыкъигъэIуэщхъуу адыгэлI нэсщ ар. 
Хуабжьу архив куэд иIэщ. Ар зыщымыгъуазэ зы налъи адыгэ тхыдэм хэткъым. Хамэ къэрал куэдым япыщIауэ, хэкум къэкIуэжырейуэ щытщ. Мис абы иIэщ адыгэ щIалэгъуалэм зэрадэгуэшэн икIи щхьэхыркъым. Лэжьыгъэ купщIафIэ куэд къызэринэкIащ. Германием щылажьэ Адыгэ Хасэхэм я федерацэм и тхьэмадэу щыщытами ди лъэпкъым къыхуэщхьэпэн Iуэху дахэ куэд зэфIигъэкIащ, иджыри ядолажьэ, абы хиша лъагъуэрщ адрейхэр зрикIуэр. 
- Германием щыпсэу адыгэхэм я дежкIэ гум жьы дезыгъэху гуэру факъыщыхъу хъунщ хэкум икIа адыгэхэр. Уэ укъызощтэри, уи къару елъытауэ сыт яхэплъхьэфрэ абыхэм я адыгагъэр яфIэмыкIуэдынымкIэ? Уэ уи пщащэхэм адыгэбзэ ящIэрэ, къагурыIуэрэ? 
- Сэ сIурылъ адыгэбзэм, дауи, ехъуапсэу, езыхэми апхуэдэу зрагъэщIэну хущIэкъуу апхуэдэщ. Iуэху гуэр къызэдгъэпэщмэ, сэращ езыгъэкIуэкIыр. АдыгэбзэкIэ зыгуэр ятхын хуей хъуамэ, сэращ зызыхуагъазэр. Ди жагъуэ зэрыхъущи, Хасэм щедгъэкIуэкI зэIущIэхэмрэ дерсхэмрэ мащIэщ бзэр шэрыуэу зэбгъэщIэнымкIэ, утхэфу, уеджэфу зебгъэсэнымкIэ. ЩIалэгъуалэр йоджэ, нэхъыжьыIуэхэми я унагъуэр зэрагъэпсэун къалэжьын хуейщи, зэман куэд яIэкъым. Тхьэмахуэ махуэращ ахэр щыщхьэхуитри, зэрыхъукIэ, дызэхуозэ, дерсхэр идогъэкIуэкI. 
Си хъыджэбзхэм фIыуэ ящIэ - нэхъыжьыр илъэс 24-рэ мэхъури, адыгэбзэр фIы дыдэу егъэшэрыуэ, нэхъыщIэми ар и щапхъэщи, мэпсалъэ. Германием щыпсэу щхьэкIэ, европей модэм зыкъыкIэрамыгъэхуну хэт щхьэкIэ, зэрыадыгэр ягъэгъуащэркъым. Ар я напщIэ телъщ. Уеблэмэ, нэхъыщIэм нэмыцэ хьэл гуэр дилъэгъуамэ, нэхъыжьым зэрегъэзэхуэж: «Дэ адыгэхэм ар ди хабзэкъым, дэ мыхуэдэущ дызэрыщытыр», - жиIэурэ еущий. 
- Нэхъыбэу узыдэлажьэри уи гъунэгъури нэмыцэщ, ныбжьэгъу куэди уиIэ хъунщ. Сыт хуэдэ ахэр я цIыху щIыкIэкIэ, я дуней тетыкIэкIэ? Адыгэхэмрэ нэмыцэхэмрэ зэрызэбгъэщхь хьэл гуэрхэр щыIэ? Хьэмэрэ зэмыщхьыххэрэ? Тынш абыхэм уадэгъуэгурыкIуэну? 
- Зы къиин хэслъэгъуакъым, абы сызэрыIэпхъуэрэ. Хуабжьу цIыху зэпIэзэрытхэщ икIи сабырхэщ нэмыцэхэр. Зэи я мыIуэху зэрахуэркъым, уи гугъуи къащIынукъым. ЛэжьыгъэкIи ныбжьэгъугъэкIи сызыпыщIахэм пщIэ къысхуащI, сызэрыадыгэр, Урысейм, Кавказым сызэрыщыщыр ящIэ. Тыншу уадогъуэгурыкIуэф. Псори зэлъытыжар цIыхугъэрауэ собж. Ар цIыхум хэлъмэ, дэнэ къэрал къыщамылъхуами, сыт хуэдэ лъэпкъ къыхэмыкIами, удэгъуэгурыкIуэфынущ. 
- Аксанэ, нэмыцэхэр къахэс лъэпкъхэм дауэ яхущыт? Адрей къэралхэм адыгэхэм пщIэшхуэ къыщыхуащI, Германиери апхуэдэ? 
- Адыгэ нэхъыбэ зэрыс къэралхэм ятещIыхьауэ жэуап нэхъ пэж пхуэтыну хъунщ. Ауэ си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, пщIэи къытхуащI икIи езым уащыщ дыдэм хуэдэу къыпхущытщ. Нэмыцэ защIэщ сэ сызыдэлажьэхэри, я гуэныхь сыхуейкъым. Адрейхэм яIэ хуэгъэкIуатэм хуэдэ сэри сиIэщ, си унафэщIхэр къысхуэарэзыщ, къыздэлажьэхэм сагуроIуэ. СыкъызыхэкIар, нэгъуэщI щIыпIэ сыкъызэрикIар щажесIэкIэ, яфIэгъэщIэгъуэнщ, абы нэхъ пэгъунэгъуж уахуищIу фIэкIа, нэмыплъ къыпхуащIыну ягу къэкIыххэркъым. ЦIыху гуапэщ нэмыцэхэр. 
- КъэралитIым щекIуэкI псэукIэм и пIалъэр бощIэ. СыткIэ зэщхь? СыткIэ зыщхьэщыкIрэ? Дэнэ ущыпсэуну нэхъ тынш? 
- Къэралым и псэукIэр къапщтэмэ, нэмыцэ хэгъэгум щекIуэкI псэукIэр зэрызэгъэпэщамрэ абы хабзэр зэрыщызэтеубламрэ псоми ящIэ. Абы и лъэныкъуэкIэ Германием ущыпсэуну нэхъ тыншщ, къэблэжьым укъуэлIыкIынукъым, мыбдеж къыщахь улахуэм еплъытмэ. 
 Адыгэхэм ебгъапщэмэ, хуабжьу нэхъ тыншу мэпсэу нэмыцэхэр. Хабзэ яхэлъщ абыхэми, ауэ ирагъэлейркъым. ХьэщIапIэ кIуэнумэ, вино птулъкIэ къащтэнуращ, здэкIуахэм ерыскъым къикъутэ Iэнэ къагъэувынукъым, уэршэрыху зэдзэкъэну тIэкIу фIэкIа. Сэ ар сигу ирохь. Адыгэхэм куэд зэхуащIэ, икIи ирагъэлейуэ къысщохъу. Зи гугъу сщIыр ди унэхэми зыхуэпэкIэми щыболъагъу. ХьэгъуэлIыгъуэ къудейр къащтэт. Мыбы щхьэкIэ цIыхуу зэхуашэсымрэ ерыскъыуэ къаIэтымрэ егъэлеякъэ? Мыр Европэм езгъапщэу е европей еплъыкIэм сытехьауэ къыфщымыхъу. Адыгэ бзылъхугъэ хуэдэу жызоIэ, ди лъэпкъым хуабжьу иригъэлей зэрыхъуар. Ауэ, пэжщ, ди хабзэм хуэдэ, ди хэкум хуэдэ нэгъуэщI щIыпIэ щыбгъуэтынукъым. Псэкупсэ къулеягъыу дбгъэдэлъым хуэдэ нэмыцэхэм яIэкъым. Ар кърибгъэлъэгъуэну урикъунщ адэ-анэмрэ бынымрэ я зэхущытыкIэр, дэ дыкъызэлъхуахэм дазэрыпыщIар. Нэмыцэм балигъыпIэ щиувахэр адэ-анэм унэкъуэщ хуэхъуауэ жыпIэ хъунущ. ЯхокIри, я щхьэр ягъэпсэуж. Адэ-анэм деж ИлъэсыщIэм щызэхуэсыжынуращ, илъэсым зэ. Дэ ди сабийхэм гулъытэрэ IэфIагъыу ягъуэтымрэ зи ныбжь хэкIуэта адэ-анэм хуащIыж пщIэмрэ уасэншэщ. Ахэр дахэу зэкIэлъыкIуэу, зэрылъагъуу, щIэблэр дадэ-нанэм я куэщI ирапIыкIыу зэрызэхэсыр фIыгъуэшхуэщ. Мис апхуэдэ хуабагъ зыхэзымыщIэ нэмыцэхэр сфIэгуэныхь мэхъу. Щапхъэ куэд къыпхуэхьынущ псэукIэ тыншым теухуауи, зи гугъу сщIы фIыгъуэхэм ехьэлIауи. Сэ срогушхуэ адыгэ лъэпкъым сыкъызэрыхэкIам. Дэнэ сыщыпсэуми сыхуейщ адыгагъэ зезыхьэ цIыхухэм сыкъаухъуреихьыну. Дэ, Ганновер дэсхэм, абыкIэ ди гур щыз ещI ди нэхъыжьыфI Умар-Фарукъ. Куэдрэ ди япэ Тхьэм иригъэт.
 

 

Епсэлъар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться: