Къбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

ЩIы Iыхьэхэр зы лIэужьыгъуэм къыхагъэкIыу нэгъуэщI лIэщIыгъуэм хэгъэхьэным теухуауэ

2023 гъэм мазаем и 3-м                     Налшык къалэ                    №11-ПП

Бахъсэн муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм 2022 гъэм щэкIуэгъуэм и 15-м къитха лъэIу №28/4-2-3901-м хэплъауэ, Урысей Федерацэм и ЩIы кодесым и 8-нэ статьям, «ЩIыхэр е щIы Iыхьэхэр зы лIэужьыгъуэм къыхагъэкIыу нэгъуэщI лIэужьыгъуэм зэрыхагъэхьэ щIыкIэм и IуэхукIэ» 2004 гъэм дыгъэгъазэм и 21-м къащта Федеральнэ закон №172-ФЗ-м и 7-нэ статьям, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIы кодексым и 6-нэ статьям ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:

1. Хьэкхъуэкъуэ къыщIэхыпIэм пермит сырьё къыщалъыхъуэн икIи къыщыщIахын папщIэ мэкъумэш мыхьэнэ зиIэ лIэужьыгъуэм къыхэгъэкIауэ, промышленностым, энергетикэм, транспортым, связым, радиовещанэм, телевиденэм, информатикэм, космосым, зыхъумэжыныгъэм, шынагъуэншагъэм ехьэлIа лэжьыгъэхэм, нэгъуэщI мурад хэхахэм япыщIауэ къагъэсэбэп щIы лIэужьыгъуэхэм хэгъэхьэн мы къыкIэлъыкIуэ щIы Iыхьэхэр:

- кадастр номер 07:01:2900000:1277 зиIэр, метр зэбгъузэнатIэ 59470-рэ хъур, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэ, Бахъсэн район, Зеикъуэ къуажэ адресым щIэтыр, №1328/5, №1390/5 къэухьхэм къриубыдэр;

- кадастр номер 07:01:2900000:729 зиIэр, метр зэбгъузэнатIэ 53984-рэ хъур, Къбэрдей-Балъкъэр Республикэ, Бахъсэн район, Зеикъуэ къуажэ адресым щIэтыр, №1328 къэухьым къриубыдэр.

2. Къэрал мылъкур тхынымкIэ, кадастрымкIэ, картографиемкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм чэнджэщ етын зыхуэфащэ зэхъуэкIыныгъэхэр. ямыгъэIэпхъуэ мылъкум и къэрал реестр зэгуэтым хилъхьэну.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий.
Поделиться: