МакъамэкIэ лъахэр егъафIэ

ЦIыху гъащIэр гъэнщIауэ щытын хуейщ Iуэху дахэкIэ. Абы щыгъуэм абы езыми къыпкъырыкIынур гуапагъэщ - зыхищIэращ цIыхум игуэшыжыр. ГъащIэм и лъэныкъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ ехъулIэныгъэ зыIэрызыгъэхьэфхэм я мурадхэри куэд хъууэ къыщIэкIынущ. Мурад, хъуэпсапIэ зэмылIэужьыгъуэхэр иIэщ Мамхэгъ Анжелэ. Ар экономистщ, егъэджакIуэщ, уэрэджыIакIуэщ. Экономикэмрэ правэмкIэ Москва дэт институтым экономикэмкIэ и къудамэр къиухащ. А псом къыдэкIуэу Анжелэ зи макъ дахэмкIэ гукъыдэж зыгуэшыф уэрэджыIакIуэщ.
 И шыпхъу нэхъыжьым и фIыгъи хэлъу къыщIэкIынущ Анжелэ цIыкIу щIыкIэ макъамэм зэрыдихьэхам. Оксанэ макъамэм хуеджэрти, абы теухуауэ зэригъащIэхэр шыпхъу нэхъыщIэм зэрыбгъэдилъхьэным хэтт. Аращ Анжелэ езыгъэсар пианинэ еуэфу. Ебгъуанэ классым щеджэу арат япэу пщащэм уэрэд щызэхилъхьам. Школым щыщIэса зэман лъандэрэ дехьэх ар лъэпкъ къафэхэми. И студент гъащIэри Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ гъэнщIауэ щытащ. ЩIэх-щIэхыурэ зыхэт зэхьэзэхуэхэм, зэпеуэхэм, махуэшхуэхэм щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ къыщыхуагъэфащэрт.
Мамхэгъ Анжелэ зыпищI щыIэкъым уэрэд жыIэныр. Абы фIэфIщ утыкушхуэхэм и макъыр щигъэIуну.
- Псом нэхъ япэ изгъэщу къысщохъу уэрэд жыIэныр. Макъамэр сэ сщыщ пкъыгъуэ гуэрщи, си лъынтхуэхэми ирокIуэ. Школым сыщыщIэса лъандэрэ сфIэфIщ уэрэд усыныри. Пэжщ, нэхъапэхэм рифмэ, ритм щIагъуэ зимыIэ усэ кIапэлъапэхэр тIэкIуи дыхьэшхэн хъурт. Ауэ апхуэдэурэщ узэресэр.
Япэ дыдэу утыкушхуэ сыщихьауэ щытащ Краснодар къалэм. Абы щекIуэкIырт «Дыщэ мыIэрысэ» дунейпсо фестивалыр. Хуабжьу сыгузавэрт, уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ цIэрыIуэхэм, утыкум тегушхуауэ итхэм япэ дыдэу сакъыхэхутауэ арат, - жеIэ Анжелэ.
Мамхэгъ Анжелэ нэгъуэщIыбзэхэмкIи уэрэд жеIэ, ауэ анэдэлъхубзэмкIэ игъэзащIэращ и псэм нэхъ пэгъунэгъур.
- Си Хэкум, си лъэпкъым пэгъунэгъу сащI а уэрэдхэм - дэрэжэгъуэ мыкIуэщI къысхалъхьэ. Ахэр щыжысIэкIэ, ди лъэпкъ фащэр зэрыщыстIагъэ къудейри си гур хэзыгъахъуэщ,- жеIэ езым.
Лъэпкъ гупсысэ бзыгъэ зэриIэм и фIыщIэщ хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэр абы и уэрэдхэм къызэрыщIэупщIэр, Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм, махуэшхуэхэм Анжелэ зэрырагъэблагъэр.
- Хамэ щIыпIэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я хъыбар щызэхэсхкIэ сегупсысырт: «Сыт хуэдэу пIэрэ я псэукIэр? Анэдэлъхубзэр ящIэжу пIэрэ? Ди хабзэхэр яхъумэфа»? - жысIэу. А псор си нэкIэ зэзгъэлъэгъунуи Iэмал сиIащ, Тыркум щыщ Мараш къалэм щекIуэкIа фестивалым зэгуэр драгъэблэгъат Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ гуп. Си гум дыхьащ Мараш и дахагъри. Ауэ си дежкIэ нэхъыщхьэр а дахагъэракъым, атIэ абы адыгэ куэду зэрыщыпсэурщ. СыкIэлъыплъащ абыхэм я Iуэху зехьэкIэм. Сыт и лъэныкъуэкIи быдэу зэрыIыгъыу къысщыхъуащ. ГъэщIэгъуэн сщыхъуат ныбжьыщIэхэм адыгэ псалъэжьхэр, псынщIэрыпсалъэхэр, жыIэгъуэхэр зэхуэхьэсауэ зэраIэр, зэрагъэщIэну и ужь зэритыр. Абыхэм сащыхэплъэкIэ си щхьэм къихьэрт зы упщIэ: «Хэкум ягъэзэжыну хуейуэ пIэрэ»? «Си фIэщ хъуркъым». ХамэщIщ, ауэ абы я гъащIэр щызэтеуващ, ялэжьын яIэщ, хъарзынэу мэпсэухэр. Хэкум къагъэзэжмэ, щIэрыщIэу гъащIэр яхуэухуэжыну? А псори гугъущ, убзыхуакъым, ауэ нэхъыщхьэр ахэр псэкIэ Хэкум зэрыпыщIар арагъэнщ. Мараш пэгъунэгъу адыгэ жылэ куэдым сыщыIащ икIи абыхэм ящыщ дэтхэнэми си лъэпкъэгъухэм ятеухуауэ щIэ гуэрхэр къыщысщIащ. Утыкум сыкъиту абыхэм сакъыщыхэплъэкIэ, си гур зы гурыщIэ мыгурыIуэгъуэ гуэрым ипхъуатэрт. ХамэщIым езыхэм щахъума уэрэдыжьхэр щызгъэзащIэкIэ, жьыи-щIэи къыздежьурт. Мис а дакъикъэхэм насыпым щызу сыIуплъэфырт. А псом папщIэ фIыщIэ ин яхузощIТыркум щыIэ Адыгэ Хасэхэм я федерацэм (KAFFED) и унафэщIу щыта Шыгъэлыгъуэ Уэджит, адыгэ Iуэхум псэкIэ пыщIа зэшхэу Емузхэ Бэязытрэ Невзатрэ, япэу Тыркум сызышауэ щыта усакIуэ ЛIыкъуэжь Неллэ. Тыркум щыста концертхэмкIэ щIэгъэкъуэн къысхуэхъуауэ щытащ Шихуар Тумэ, «Hurriyet» тырку газетым и корреспондент, сурэттех Iэзэ Озгу Демыр гуапэу къыстетхыхьат.
Анжелэ уэрэд жыIэныр зыхилъхьэ щыIэкъым. Ауэ щыхъукIи, и гъащIэ псор а зы Iуэхугъуэм триукъуэдиеркъым. И гъащIэр егъэнщI нэгъуэщIхэмкIи.
- Зыбгъэпсэхунумэ, уи IуэхущIафэхэр щIэх-щIэхыурэ зэблэпхъуным нэхъ IэмалыфI щыIэу си гугъэкъым, - жеIэ Анжелэ. - Унагъуэм, быным, ныбжьэгъухэм уазэрыбгъэдэт щIыкIэми творчествэкIэ уеджэ хъунущ. Бзылъхугъэм псэкIэ фIыуэ илъагъу Iуэху гуэр илэжьмэ, унэгуащэ IэкIуэлъакIуи къыхэкIыфыну си гугъэщ. А IуэхугъуитIыр зэран зэхуэхъун хуейкъым, зым адрейм къыпищэу щытыпхъэщ, - жеIэ абы.
Гуапэщ уэрэджыIакIуэм гъащIэм щиIэ хъуэпсапIэхэри. Ахэр езым и щхьэ закъуэкъым зэхьэлIар:
- Мамырыгъэр дунейм щытепщэным сыщIохъуэпс. Сыхуейщ дэтхэнэ унагъуэми лъагъуныгъэ илъыну, цIыхухэм насыпыр зищIысыр зыхащIэфу псэуну!

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: