ГъащIэ узыншэм хуаущий

Къэбэрдей-Балъкъэрым ще¬кIуэкI «Ди сабийхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ папщIэ» наркотикым пэщIэт профилактикэ акцэм, школакIуэхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ папщIэ къызэрагъэпэщам адэкIи¬ пащэ. Апхуэдэ зэIущIэхэр ще¬кIуэкIащ Налшык къалэм и курыт еджапIэхэу №№ 2, 4, 5, 6, 7, 11, 14, 20, 24, 31-хэм. Абыхэм хэтащ класс нэхъыжьхэм щеджэу 2400-м щIигъу.
КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъакIуэ¬м кIэлъыплъынымкIэ и уп¬равле¬нэм, Налшык къалэм и УМВД-м балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и IэнатIэхэм, Урысей ФСИН-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и Уголовнэ-гъэзэщIакIуэ инспекцэм, апхуэдэуи Налшык къалэ администрацэм, республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм я лэжьакIуэхэм школакIуэхэм драгъэкIуэкIащ гъащIэ узыншэм, наркотикхэкIхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ пэIэщIэным, фадэмрэ тутынымрэ я зэраныгъэм, апхуэдэуи балигъ мыхъуахэр хабзэншагъэ Iуэхухэм хашэныр къэмыгъэхъуным теухуа псалъэмакъ щхьэпэхэр. Апхуэдэуи акцэм хэтащ дин IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэмрэ Налшык къалэм и сабий-ныбжьыщIэ спорт школхэм я гъэсакIуэхэмрэ.
КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху хэхахэмкIэ и оперуполномоченнэ, полицэм и капитан ЛIыгуащIэ Тимур ягу къигъэкIыжащ хабзэм къе¬мызэгъ зыщIэхэм, наркотикхэкIхэр игъэкIыным ехьэлIа щIэпхъаджагъэхэр зылэжьхэм жэуап зэрахьыр.
 «Наркологический диспансер» ГБУЗ-м и дохутыр психиатр-нарколог Нагорная Татьянэ тепсэлъыхьащ наркотикхэкIхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ зэпхьэлIэмэ кърикIуэнухэм.
КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэмрэ Урысей члисэмрэ я лIыкIуэхэр къыщыпсалъэм школакIуэхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ гу лърагъэтащ унагъуэ лъапIэныгъэхэр хъумэным, гъэсэныгъэмрэ жылагъуэм зэрызыщыIыгъыпхъэмрэ.
ЩIыпIэ администрацэм ЕгъэджэныгъэмкIэ и департаментым и IэщIагъэлI нэхъыщхьэ Теммоевэ Фаризэт школакIуэхэм яхутепсэлъыхьащ хэкупсэу щытыным и мыхьэнэм.
 КъытщIэхъуэ щIэблэр акъылкIэ псыхьауэ, Хэкур фIыуэ ялъагъуу гъэсэным и гугъу ищIащ КъБР-м и Парламентым и депутат Бечеловэ Людмилэ.
Акцэм и кIэухым апхуэдэуи къызэхуэсахэм зыхуагъэзащ «Боевое братство» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и исполкомым и унафэщI Абэнокъуэ Владимир, Горький М. и цIэр зезыхьэ Урыс драмтеатрым, ЩоджэнцIыкIу А. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым, Кулиев Къ. и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым я артистхэм, апхуэдэуи къалэхэм я сабий-ныбжьыщIэ спорт школхэм я тренерхэм.
ЗэIущIэм хэтахэр къыщыпсалъэм къыхагъэщащ гъуазджэмрэ спортымрэ цIыхум и гъащIэм щаубыд увыпIэр. Адэ-анэхэм ягу къагъэкIыжащ Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэр икIи чэнджэщ иратащ я сабийхэр лъэпкъ хабзэ нэхъыфIхэм тету къагъэтэджыну.

УАРДЭ Жантинэ.
Поделиться: