Бзэм теухуа си гупсысэхэр

Гурылъым и абгъуэ

 Мыгувэу дэнэкIи щагъэлъэпIэнущ Анэдэлъхубзэр хъумэным и дунейпсо махуэр. Куэдым ямыщIэми, кърамыдзэ-къафIэмыIуэхуми, мыпхуэдэ махуэшхуэхэр лейуэ къалъытэми, ар узыгъэгушхуэ Iуэхугъуэщ, сыту жыпIэмэ мы махуэр ягъэлъэпIэху, лъэпкъхэм я бзэхэр хъумэным гулъытэ нэхъыбэ игъуэтынущ, ахэр щыкIуэдыжыну жыхуаIэ лъэхъэнэри Iэпхъуэнущ.

ЖыпIэнурамэ, адыгэбзэм цIыху мымащIи иропсалъэ, ар куэдми я Iэрытхщ, ауэ бзэм иIэн хуей пщIэмрэ гулъытэмрэ дохуэх, мэкIуэд. Сыт абы и щхьэусыгъуэр? КъебжэкIын щIэбдзэмэ, Iэпэхэр пхурикъункъым. Унагъуэм къыщыщIэдзауэ къэрал унафэщIхэм нэсыхукIэ я зэран хэлъщ адыгэбзэм нобэ игъуэта теплъэм. Теплъэ жысIэу стхы щхьэкIэ, абы щхъуэ-сырыхуфэу зихъуэжауэ аракъым, атIэ цIыхухэм ар кIэрыутIыпщ тщIауэ аращ.

Зыми езгъэщхькъым ди адыгэбзэр. Ар си анэм къысIурилъхьа бзэщ, си адэм и чэнджэщхэр къызэрызжиIэщ, си анэшхуэм и таурыхъыбзэщ, си адэшхуэм и къебжэкI псалъэщ. Ар къыздалъхуахэр къызэрысхуэгуапэ бзэщ, Iыхьлыхэр къызэрызэхъуэхъущ, си тхылъыбзэщ, Iэлыфбейщ. Си адыгэбзэр зэми уэрэду къоIу, зэми къуршыбзэ екIущ. Хуей хъумэ, абы сеущий, къызодэхащIэ, зыхуэфащэхэм гъыбзэ яхуеус, Iуащхьэгу дрихьейри куэд мэхъу.

Гъатхэм дыгъэпсым зыдещI си анэбзэм, гъэмахуэр и хуабэмкIэ къотыгъэ, бжьыхьэр дыщэпсу къогуапэ, щIымахуэм щхъыщхъыр и макъщ. Си адыгэбзэр гурылъым и бзэщ, ар къызэрыхъукI абгъуэщ, лъагъуныгъэбзэщ!

* * *

Си псэм и плъыфэ си анэбзэ

 ЦIыху къэс езым и бзэ иIэжщ. А бзэмкIэ ар иропсалъэ, и зэхэщIыкIи, и гупсысэ къызэриIуатэри аращ. Си дежкIэ бзэхэм я курыхыу щытыр АДЫГЭБЗЭРЩ.

СызэрыцIыкIурэ жьабзэу къэзгъэIур аращ, тхыбзэу Iэпэхэм къапыкIыр адыгэбзэм изопх. Си гъащIэм кулъэ хуэхъуар, IэщIагъэу къыхэсхар зэпхар си анэбзэрщ. Пэжщ, псалъэ куэд схужыIэнущ адыгэбзэм ехьэлIауэ. Ауэ анэбзэу, лъэпкъыбзэу, къуршыбзэу, вагъуэбзэу, бзуубзэу, псынэбзэу, сабиибзэу, лъагъуныгъэбзэу къысщыхъу адыгэбзэр зэрысщIэм сыщогуфIыкI. Дэнэ сыщымыIами, сыт сымыщIами - си бзэр сIурылъщ, абыкIэ сопсалъэ, сотхэ, тхыгъэ сыкъоджэ. Си псэм плъыфэу иIэр, си гум хуабэу бгъэдэлъыр къызэрысIуатэ адыгэбзэм сропагэ!

МАХУЭЛI Беслъэн.
Поделиться: