ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсым пежьащ

ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсым зэрыпежьэ гуфIэгъуэ зэIущIэшхуэ Бахъсэн щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

Зэхуэсым хэтащ Бахъсэн щIыналъэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм гуащIафIэу щылажьэ егъэджакIуэхэр, щэнхабзэмрэ спортымкIэ гъэсакIуэхэмрэ унэтIакIуэхэмрэ, егъэджэныгъэм пыщIа къулыкъущIэхэр, курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, абыхэм я къуэдзэхэр.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым, Бахъсэн щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Балъкъыз Артур и фIэхъус псалъэм къыщыхигъэщащ ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсыр IэщIагъэм ирилажьэхэм къэралым пщIэ зэрахуищIыр къэзыгъэлъагъуэ жэрдэму зэрыщытыр.
- ЕгъэджакIуэр гушхуэ зыкIуэцIылъ, зэхэщIыкIышхуэ зиIэ цIыху псэемыблэжщ. Абы и гъэсэнхэм ябгъэдилъхьэр зытет дунейм ехьэлIа пэублэ щIэныгъэм и закъуэкъым. ЕгъэджакIуэм зы махуэ дэмыкIыу гъэсэныгъэ лэжьыгъэ ирегъэкIуэкI, адэ-анэм дзыхь къыхуащIа сабийхэр фIым хуиущиин, дахагъэм хуигъэсэн, гузэхэщIэ ин яритын щхьэкIэ. ЕгъэджакIуэращ цIыхур зыхэпсэукI дунейм и щэхур щIэблэм нахуэ ящызыщIыр, щIыуэпсым и телъыджэхэр къахузэIузыхыр. ЕгъэджакIуэращ сабийм и хъуэпсапIэхэр къызэщызыгъэур, и гуращэхэм зэрахуэлэжьэн гуащIэкIэ зыузэдыр, щыIэныгъэм зэрыхэтын есэныгъэхэм щIэзыпIыкIыр. Адэ-анэм быныр зыщимыгъэгъуэзэфын куэдым я дунейм сабийр хэзышэфыр егъэджакIуэращ, арыщи, абы нэхърэ нэхъ пэгъунэгъу цIыху ныбжьыщIэм дежкIэ щыщымыIэ куэдрэ къохъу. Гуапэщ къэралым и гупэр егъэджакIуэхэмрэ унэтIакIуэхэмрэ я лэжьыгъэм къызэрыхуигъазэр, ахэр хэмыту хэгъэгум къэкIуэн зэримыIэнур къызэрыгурыIуэр. ЕджапIэхэр къагъэщIэрэщIэж, щIэуэ яухуэхэр мащIэкъым, ахэр унэлъащIэрэ техникэщIэхэмкIэ къызэрагъэпэщ. Ауэ псалъэ зэхозыгъэх, абы и IэфIыр зэхозыгъащIэ егъэджакIуэм хуэдэ щыIэкъым, абы и псэукIэр зэIузэпэщ ищIыну, хуищI гулъытэм къыхигъэхъуэну зэрыхэтыр уасэншэщ. Фэрэ дэрэ ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIумрэ я илъэсым дыпожьэ, дыгуфIэу, дыгушхуэу. Зи пщэ дэлъхэм тлъэкI къэдгъэнэнкъым гушхуныгъэмрэ гукъыдэжымрэ щIэзыIыгъэ дэтхэнэ егъэджэныгъэ жэрдэмри гъащIэм хэпщэнымкӀэ дыхэлIыфIыхьын папщIэ. Гурэ псэкIэ IэнатIэм пэрытхэм сынывохъуэхъу, гукъыдэж къывэзыт еджакIуэхэмрэ гъэсэнхэмрэ фи куэдыну, лэжьыгъэр IэфI къыфщызыщI узыншагъэ фиIэну си гуапэщ, – жиIащ Балъкъыз Артур.
ЗэIущIэр купщIафIэ ящIащ Бахъсэн щIыналъэм и мызакъуэу, хэгъэгум цIэрыIуэ щыхъуа егъэджакIуэхэм, щэнхабзэ лэжьакIуэхэм, спорт гъэсакIуэхэм, унэтIакIуэхэм я лэжьыгъэм теухуа псалъэмакъхэм, щIэблэр гъэсэным хуэгъэзауэ ахэр зыпэрыта IэнатIэм къыщахьа ехъулIэныгъэхэр уи нэгу къыщIэзыгъэувэ гукъэкIыж теплъэгъуэхэм.
ЗэIущIэр ягъэдэхащ Бахъсэн щIыналъэм и щэнхабзэ лэжьакIуэхэм я гъэлъэгъуэныгъэхэмкIэ: утыку къихьащ ныбжьыщIэ къэфакIуэ гупхэр, уэрэдхэр адыгэбзэкIи, балъкъэрыбзэкIи, урысыбзэкIи щыIуащ.
ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсым къриубыдэу Бахъсэн щIыналъэм дерс зэIухахэр, Iэнэ хъурейхэр, мастер-классхэр, зэхьэзэхуэхэр, зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэр щекIуэкIынущ. Абы кърагъэблэгъэнущ IэнатIэм лэжьыгъэкIэ къыщыхэжаныкIа IэщIагъэрылажьэхэм я мызакъуэу, КъБКъУ-мрэ КъБКъМУ-мрэ я егъэджакIуэхэр, щIэныгъэхутэ институтхэм я лэжьакIуэхэр, егъэджэныгъэм пыщIа щIэныгъэ икIи жылагъуэ лэжьакIуэхэр.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: