Хы Iуфэ щIыпIэцIэхэр![]() ТхьэщIагъщIыгу – ХъупIэжьий - ГеленджикНатхъуэдж адыгэхэм къызэраупсэлъу, ТхьэчIэгъчIыгу (Тхачехочук) зи фIэщыгъэ бгыр хы ФIыцIэ Iуфэм Iус Геленджик къалэм и Iэхэлъахэм щыIэщ. Жанхъуэт (Джанхот) псым и ныджащхьэхэм къащхьэщытщ. «Михайловский Перевал» зыфIаща урыс къуажэ цIыкIур адрей и лъэныкъуэмкIэ къыщысщ. «Наташэ» и фIыгъэ?Къагупсыса «хъыбарым» къызэрыхэщымкIэ, мы щIыпIэм нэхъапэхэм щыпсэуащ Наташэ и цIэу пщащэ дахащэ гуэр. Абы и гугъу жыжьэ Iуати, тырку унафэщI гуэрым мурад ищIащ а хъыджэбзыр и 301-нэ фызу къишэну. Ар зигу темыхуа тхьэIухудым, хутыныгъэм пищIын зэрыщымыIэм къыхэкIыу, бгым зыщидзыжащ, щехуэха щIыпIэм псынэ къэбзащи къыщыпхиващ. «Геленджик» - адыгэбзэ?Адыгэхэм къахэкIауэ, XIX-нэ лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм зи гъащIэ Iыхьэр езыхьэкIа тхыдэхутэ Хъан-Джэрий СулътIан «Записки о Черкессии» и тхылъ гъуэзэджэм зэрыщитхам тетщIыхьмэ, Iэхэлъахэр ижькIэрэ зи хэщIапIэу къекIуэкIа натхъуэджхэм иджырей Геленджик къалэ цIыкIур здэщыт щIыпIэм «ХъупIэжьий» (ХъупIэ цIыкIу) хужаIэрт.
Поделиться:
Читать также:
11.09.2026 - 18:17 →
ЩIы Iыхьэхэр ират
11.09.2026 - 16:15 →
Унагъуэхэм зыщIагъакъуэ
11.09.2026 - 15:25 →
Бзэ куэд зыщIэхэр
11.09.2026 - 15:14 →
Гектар мини 6,7-м щIигъу
11.09.2026 - 14:13 →
Лъэпкъыбзэхэм я махуэм ирихьэлIэу
| ||





