Балъкъэр лъэпкъыр щрашам

1944 гъэм, гъатхэпэм и 8-м и пщэдджыжьым балъкъэр лъэпкъым гъуэгуанэм зыхуагъэхьэзырыну унафэ ящIащ. СыхьэтитIым и кIуэцIым, балъкъэр къуажэхэм къыдэнаIатэкъым. Азие Курытымрэ Къэзахъстанымрэ ирагъэшащ балъкъэр 37,713-рэ. Архив дэфтэрхэм къазэрыхэщымкIэ, абыхэм я процент 52-р - сабийхэт, 30-р - бзылъхугъэхэрт. Махуэ 18-кIэ гъуэгум щымэжэщIэлIа, щыпIыщIахэм яхэлIыкIащ цIыху 562-рэ. Гъуэгум темылIыхьу здашэм зи псэ нэзыхьэсахэм къапэплъэри гъащIэ хьэлъэт. Гъавэ зытращIэн, зытепсэукIын щIы тэмэм яIэтэкъым. Къарууншэ хъуа цIыхухэм лэжьыгъэ хьэлъэр яхуэгъэкъаруужтэкъым, мэжэщIалIэхэт, дунейм и щытыкIэ зэмысам я Iэпкълъэпкъыр щIигъалIэрт. Балъкъэр лъэпкъыр ираша нэужь, япэ илъэсым къриубыдэу адэншэ-анэншэу къэна сабийхэм мин бжыгъэкIэ я псэр хэкIащ. Къыргъызым, Джалал-Абад областым и закъуэ 1944 гъэм и мэлыжьыхьым цIыхуи 10 336-рэ щылIащ. Ар щIыгум ирашахэм я процент 69,5-рэ мэхъу. 1944 гъэм, балъкъэрхэр ираша нэужь, япэ мазибгъум къриубыдэу къалъхуар сабий 56-рэщ. ЛIам я бжыгъэр цIыхуи I592-рэ мэхъу. I944 гъэм, мэлыжьыхьым и I-м щегъэжьауэ 1946 гъэм и фокIадэ пщIондэ Къэзахъстанымрэ Къыргъызымрэ щылIащ балъкъэр 4849-рэ.
Балъкъэр лъэпкъым и бынхэр яхэтащ Москварэ Ленинградрэ зыхъумахэм, Хэку зауэшхуэм и зэхэуэ нэхъ гуащIэхэм, Берлин нэс зи лъэр нэзыхьэсаи къахэкIащ. Кхъухьлъатэзехуэ хахуэ, Байсултанов Алим нэсащ Берлин. Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр къыфIащащ абы.
1957 гъэм щIышылэм и 9-м СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым Унафэ къыдигъэкIащ Къэбэрдей АССР-р, Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-р зэращIыжым теухуауэ. Балъкъэрхэр я щIыналъэм къихьэжыну хуит ящIащ. Нэхъыбэр къекIуэлIэжащ I958 гъэм икухэм ирихьэлIэу. I957-I959 гъэхэм къриубыдэу къагъэзэжащ балъкъэр унагъуэ 9327-м. 1979 гъэм балъкъэрхэм я процент 90-м къагъэзэжат.

 

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ