Къуршым къех ятIэпсыр къызыхэкIымрэ абы зэрызыщыпхъумэну IэмалхэмрэКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм гъатхэ къэс щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ щIыуэпс насыпыншагъэхэр къыщохъу ятIэпс къехым епхауэ. Абыхэм, ди жагъуэ зэрыхъунщи, цIыхухэр щыхэкIуадэ щыIэщ, гъуэгухэр зэхекъутэ, гужьеигъуэ урегъэувэ. Абы ипкъ иткIэ, упщIэ къоув: сыт къуршым къех ятIэпсыр зищIысыр, дэнэ ар къыздикIыр, сыт хуэдэ IэмалкIэ зыщыпхъумэфыну? Къуршым къех ятIэпсыр (урысыбзэкIэ - сель) уэшхыпс, мывэ зэмылIэужьыгъуэ, щIымыл ткIужым къыщIэж псыуэ зэхэлъщ икIи къуршыщхьэм ит гуэлхэм из хъуа нэужь, къежьэ Iуэхугъуэщ. И щытыкIэкIэ ятIэпсыр ткIуаткIуэмрэ мывэмрэ я зэхуаку дэтщ, сыту жыпIэмэ, ар процент 60-кIэ мывэкIэщхъщ, процент 40-р псыщ. ЯтIэпсыр къуршым къызэрехым елъытащ и къарури. Псалъэм папщIэ, ику иту зы секундым гъуэгуанэ метри 2 - 4 къызэпеч, ауэ а бжыгъэр метри 4 - 6-м нэсамэ, Iэмал имыIэу, къыпэщIэхуэр ирилъэсыкIыу къехынущ.
Поделиться:
Читать также:
26.04.2024 - 15:42 →
Фэеплъ жыг хадэхэр ягъэтIысынущ
26.04.2024 - 15:23 →
«Шато Эркен» щызэхуос
26.04.2024 - 15:00 →
Унэхэр зыхуей хуагъазэ
26.04.2024 - 14:00 →
ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 →
НОБЭ
|