Зыхуей хуагъэзэж

Иужь зэманым ткIийуэ къэуващ кIэрыхубжьэрыхухэм егъэщIылIа Iуэхур

Ар зэрызэфIахынум щIыналъэхэр щхьэхуэ-щхьэхуэу бгъэдохьэ. Псом хуэмыдэу я нэIэ зыхуагъэзар хуит ямыщIу къызэрагъэпэща идзыпIэхэрщ. Ахэр ясеиж. Абы папщIэ Бахъсэн районым и щIыпIэ администрацэм хэкIыпIэ хъарзынэ къигъуэтащ: кIэрыхубжьэрыхум яубыд щIыр бэджэнду ират ар зэрагъэсеижым и мызакъуэу нэхъапэм зэрыщытам хуэзыгъэкIуэжым.

Апхуэдэ унафэм и фIыгъэкIэ Кубарэ Псыхъурейрэ ябгъухэм идзыпIитI щыIуахыжри, зыхуей щыхуагъэзэжащ. Иджы а щIыхэр зэрыхуейуэ къагъэсэбэп хъунущ. Зи гугъу тщIы лэжьыгъэхэм хуэдэ мы зэманым щокIуэкI ХьэтIохъущыкъуей, Жанхъуэтекъуэ, Кременчуг-Констатиновскэ, Кыщпэк къуажэхэм.

ЩIыналъэр гъэкъэбзэным мыбы гулъытэшхуэ зэрыщыхуащIым щыхьэт тохъуэ бжыгъэхэр. 2022 гъэм псори зэхэту ягъэсеижащ идзыпIэу щыта гектар 29-рэ, къуажэхэм щагъэуващ пхъэнкIий-кIэрыхубжьэрыху зэхуэхьэсыпIэхэу 280-рэ, дяпэкIэ ахэр нэхъыбэж хъунущ.

Гъуэгухэри къащыгъупщакъым. Абыхэм ябгъухэм зэпымыууэ тращыпыкI пыдзахуэ быдэхэр, жыгхэм къагуэщIыкIа къудамэхэр, пластикэм къыхэщIыкIахэр, н.къ. Псори зэхэту автомобиль гъуэгу километр 60-м нэблагъэм кIэлъоплъ.

Районым щыIэщ мы лэжьыгъэм хухаха IуэхущIапIэ щхьэхуэ.

БАЛЪКЪ Мухьэмэд.
Поделиться: