Ар щIэдзапIэ къудейщ

Газетххэм зэрытетащи, мы гъэм и пэщIэдзэм къызэIуахауэ щытащ «Бахъсэн» дэрбзэр фабрикэр. ПIалъэ кIэщI дыдэм ар лъэ быдэкIэ къызэфIэуващ.

КъухьэпIэм и мурадащ къыдищIылIа санкцэхэмкIэ ди къэралым и экономикэр къигъэтIэсхъэну, ди цIыхухэр лэжьапIэншэу уэрамхэм къыдинэну. АрщхьэкIэ хузэфIэкIакъым, уеблэмэ хилъэфар езыращ. Абы и щыхьэтщ зи гугъу тщIы IуэхущIапIэщIэри.

Ар «ВоенТекстиль Пром» компанием КъБР-м щиIэ «Авангард» къудамэм хохьэ. ЛъэщапIэм метр зэбгъузэнатIэ мини 4,5-рэ еубыд, езыр ухуэным инвестицэу халъхьащ сом мелуан 60. Мыбы щылэжьэфынущ цIыху 300-м нэс.

Фабрикэр зыхуэлажьэр Урысейм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэрщ, дзэм, нэгъуэщI къарузехьэ IэнатIэхэм фащэхэр яхуед. Езыми хуэдэу зэхыхьа гупри щIэщ. Апхуэдэ дыдэуи абы щыщу нэхъапэм зыми къыхуихуакъым зи гугъу тщIы щыгъынхэм ещхь гуэри игъэхьэзырыну. АрщхьэкIэ, фабрикэм и унафэщI Хьэмыкъуэ Лерэ и псалъэхэм ятепщIыхьмэ, фащэхэр дыным дэрбзэрхэр псынщIэ дыдэу есащ. Щыхьэту къехь бжыгъэхэр: IуэхущIапIэр къызэрызэIуахрэ куэд мыщIами, зауэлIхэм папщIэ фащэ мин 30, пыIэхэу апхуэдиз къыщIагъэкIащ, полицэм, МЧС-м, нэгъуэщIхэм гъэмахуэ комбинезон 2000, апхуэдэ щIымахуэ щыгъыну I00-кIэ нэхъыбэ хуагъэхьэзыращ.

 Хьэмыкъуэ Лерэ дэрбзэр IэщIагъэм куууэ хещIыкI. Ар илъэс зыкъомкIэ зэгуэр цIэрыIуэу щыта «Дружба» Налшык комбинатым щылэжьащ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм пэрыту.

- Сэ сыцIыху емызэшыжкъым, сылэжьакIуэ къызэрыгуэкIщ, сыунафэщI къудейщ,-мэгушыIэ ар. - Дзыхь къыщыпхуащIакIэ, ар гъэпэжын хуейщ. Нэхъыщхьэращи, дэ дыкъэзыхъумэхэм зыхащIэн хуейщ дазэрыкъуэтыр, я унагъуэхэм ахэр фIыуэ къызэрыщалъагъур, къагъэзэжыным къазэрыщыпэплъэр.

Фабрикэм и унэр къатитIу зэтетщ. Мыр нэхущ, хуабэщ, Iэхуитлъэхуитщ - псори щыIэщ егугъуу лэжьэн папщIэ. Дэ IэнатIэхэр зэдгъэлъэгъуащ-дэни щытепщэрт дэрэжэгъуэр. Мы тхыгъэр зи IэдакъэщIэкI сэ Бахъсэн щэкIзэIущэ-трикотаж IуэхущIапIэм илъэси 5-кIэ мастеру, илъэс I3-кIэ цехым и унафэщIу сыщылэжьа пэтми, сызыIууэ псори сфIэгъэщIэгъуэнт, ахэр ещхьыжтэкъым нэхъапэм щыIам. Iэмэпсымэ псори екIуу зэкIэлъыгъэуващ, цIыхубзхэр дэми, Iэуэлъауэ гуэри зэхэпхыркъым. Гъусэ къысхуащIа Ирыт Арту, щэкIхэр щабз-щагъэхьэзыр къудамэм и Iэтащхьэм, къызжиIащ фабрикэм и IэнатIэ псоми автоматикэр куэду къызэрыщагъэсэбэпыр. Абы и фIыгъэкIэ цIыхухэм яIэщIэкI дертхэмрэ, щыуагъэхэмрэ, бзыхьэхуэхэмрэ мащIэ дыдэщ. Сэ сыдихьэхащ операторхэу Мокряк Андрейрэ КIущ Рустамрэ, конструктор ЩэрэтлIокъуэ Муслим сымэ я лэжьэкIэм, абыхэм Iэмэпсымэхэр Iэзэу зэрагъэIэрыхуэм.

ДыздэкIуэм дэ дрихьэлIащ Лъэужь Ритэ. Илъэс 40-кIэ Бахъсэн и «Агро» колледжым щылэжьауэ профтехщIэныгъэм къыхэжаныкIа дамыгъэр зрата ар мыбы къэкIуащ фабрикэщIэ къызэрызэIуахыр къызэрищIэу.

-Сэ мыбдеж псори сигу ирохь: лэжьэгъуэ зэманыр зэрыщызэтеухуари улахуэри,-жиIащ абы .-Псори тэмэму щыгъэувам уи псэр щотынш.

Апхуэдэу къелъытэ Ирыт Артури.

- ЦIыхум лэжьыгъэр игу ирихьмэ, къытехьэлъэнукъым.

 А щIалэм и хамэкъым дэрбзэр IэнатIэр. И адэшхуэ Хьэчим лIэщIыгъуэм и Iыхьэ плIанэкIэ Бахъсэн щэкIзэIущэ-трикотаж зэгухьэныгъэм щылэжьащ, и адэ Руслан илъэс I2-кIэ ардыдэм мастеру щыIащ. Иджы Артур хущIокъу абыхэм я пщIэр имыгъэлъэхъшэну.

Гухэхъуэщ МЧС-м къулыкъу щызыщIэхэм фащэ яхуэзыд бзылъхугъэхэм я лэжьыгъэм уеплъыну. ПсынщIэу мэIэбэ, ауэ зэи зыми блэIэбыкIыркъым. Фабрикэм и унафэщIым зэрыжиIэмкIэ, псынщIэу лажьэми, абыхэм я IэдакъэщIэкIыр дагъуэншэщ. Ди лъэIукIэ Хьэмыкъуэм къреIуэ псом хуэмыдэу зыхуэарэзыхэм я цIэхэр: Мамхэгъ Зое, Нэгъуей Хьэужан, КъуэщIысокъуэ Азидэ, ЩоджэнцIыкIу Аксанэ, Сэхъу Аксанэ.

Дэтхэнэ IуэхущIапIэми и дежкIэ лъапIэщ къыхуащI пщIэр. Абы и пщалъэр, дауи, фIагъырщ. Ягъэхьэзыра щыгъынхэм я щытыкIэм кIэлъоплъ ХьэпцIэ Миланэ и гупыр. НэфIэгуфIэми, Iуэхум щынэсам деж ар ткIийщ, ущыуэу идэнукъым. Ари, и лэжьэгъухэу ПщыукIхэ Аксанэрэ Галинэрэ, КIэщт Джулетэ, Куэшмэн Алинэ сымэ теплъэкъукI хъунукъым: дунейм къытехьэ фащэхэр сыт и лъэныкъуэкIи къезэгъыу щытын хуейщ.

 Мы зэманым фабрикэм цIыхуи 160-рэ щолажьэ. Абыхэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ: бзылъхугъэхэр Бахъсэн районым и мызакъуэу республикэм и адрей щIыналъэхэм я къуажэхэми къокI. ГъэщIэгъуэнкъым: сом мин 40-м къыщыщIэдзауэ мин 60-м нэс улахуэр дэтхэнэ цIыхубзым и дежкIи хъуэпсэгъуэщ. Абы щIыгъуж лэжьакIуэхэм къэралым хабзэкIэ къарит псори къазэрылъэIэсыр, пщIэншэу шэджэгъуашхэ зэрырагъэщIыр.

 Аращ дащепсалъэм лэжьэнымкIэ къыхузэIуаха IэмалыфIхэм папщIэ КъБР-м и унафэщIхэм фIыщIэ щIыхуащIари.

БЭТОКЪУЭ Iэуес.
Поделиться: