ПсэкIэ къапыщIакъым

Дэ сыт щыгъуи ди гур узу дигу къыдогъэкIыж Кавказ зауэм иужькIэ ди лъэпкъэгъухэр хамэ щIыналъэхэм къызэрыщыхутар икIи мы зэманым ахэр къэрал куэдым зэрыщыпсэур. АрщхьэкIэ апхуэдэу къызыщыщIар ди закъуэкъым: щхьэусыгъуэ зэмыщхьэхэм къыхэкIыу пащтыхь империем иIэпхъукIащ нэгъуэщIхэм щыщхэри, псом хуэмыдэу дунейм и щIыпIэ псоми щыпсэу урысхэр. Псалъэм и хьэтыркIэ, Америкэ Ипщэм абыхэм я бжыгъэр зы мелуаным щыщIегъу.
АрщхьэкIэ Урысейм а континентым ныбжьэгъу, нэгъуэщI мыхъуми, фIыуэ къыхущыт къэрал щиIэкъым, абы и языныкъуэ къэралхэм урысхэм я пщIэр щылъагэ пэтми. БгъэдыхьэкIэ къахуэмыгъуэту ара?
Пэжщ, зы дыгъэ бзийхэр ятепсэми, ахэр хуабжьу зэщхьэщокI я зыужьыныгъэкIи, я щэнхабзэкIи, щызекIуэ хабзэхэмкIи. Абы къыхэкIыу дэтхэнэми щхьэхуэу зызыхегъэщIыкIын хуейщ.
ЦIыху хужьхэр щынэхъыбэ дыдэр Уругвайрщ. Ар Бразилиемрэ Аргентинэмрэ я ипщэ лъэныкъуэм щопсэу. И цIыхухэм я процент 85-м хуэдизыр европейхэщ. Ауэ урысхэр щымащIэщ, испанхэм, урымхэм, франджыхэм къахэщыркъым..
Ауэ зи бжыгъэкIэ континентым щыещанэ Аргентинэм урысхэр мин 300 щохъу. И Iыхьэ щанэм я бзэр ящIэжыркъым, арщхьэкIэ къызытехъукIар зыщагъэгъупщэркъым. Абы къыдэкIуэу лъэпкъкIэ журтми, «урыс журту» зыкъэзылъытэжхэр минищэм щыноблагъэ. Зыр зым кIэлъыкIуэу урысхэр уэру тхуэнейрэ Аргентинэм Iэпхъуащ. ЕплIанэм иужькIэ къэралым щыпсэу урысхэр мин 90-м зэрыщхьэпрыкI щIагъуэ щыIэтэкъым. Мис аращ Горбачев Михаил и зэхъуэкIыныгъэхэм къытхуашар. Буэнос-Айрес и университетым «Урыс центр» щолажьэ. Къэралым щыIэщ къэIэпхъуахэм я зэгухьэныгъэ зыбжанэ, хэбгъэзыхьмэ, урысыбзэкIэ къыщыдокI «Наша страна» газетыр. Мардель-Платэрэ Неукенрэ «урыс къалэхэщ»: абыхэм игъащIэкIэ ущыпсэуфынущ испаныбзэ умыщIэми. Ауэ къулыкъушхуэ зыIыгъ куэд Аргентинэм ущрихьэлIэнукъым.
Парагвайм щымащIэщ урысхэр-мин I5 ирикъун-иримыкъунщ, арщхьэкIэ ахэр мыбы уафэм щIэуэу щаIэт. Къэралым щызекIуэ законым ипкъ иткIэ, ди къэралым икIауэ мыбы щыпсэу урысхэм налог ятыркъым. Ар абыхэм ящхьэщызыхар диктатор Стресснер Альфредэщ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ фIыщIэ яхуищIащ и зауэлIхэр зэрагъэсам, Парагвайр и гъунэгъу Боливием зэрырагъэубыдам къыхэкIыу. Чак зауэм и зэманым Парагвайм и къару пэрытхэм я Iэтащхьэу щытар генералхэу Беляев Иванрэ Эрн Николайрэщ. Абыхэм я унафэм щIэта офицер нэхъыжь тIощIым нэсым ящыщ зыкъомыр зауэр иуха иужь генерал хъуахэщ полковник Высоколян Степан хуэдэу. Стресснер Беляевым и жыIэм щIэту дзэм къулыкъу щищIащ, абы и деж зауэкIэм и Iэмалхэм зыщыхуигъэсащ. Къыхэдгъэщынщи, зи гугъу тщIы зауэм урыс генералхэм хьэлъэч ящIащ герман империем и дзэзешэхэр зи унафэщIу щыта биидзэр, нэмыцэхэмрэ Боливием и цIыхухэмрэ зыхэтар. СССР-м Стресснер щалъагъу хъууэ щытакъым фашист дохутыр-лъыиф Менгеле зэрызришэлIам къыхэкIыу. Ауэ иджы къэралым и щыхьэр Асуньсон и уэрам 17-м урыс генералхэм я цIэхэр зэрахьэ. Парагвайм и индейхэм я дежкIэ генерал Беляевыр тхьэщ! Абы бюсту, фэеплъ сыну куэд щыхуагъэуващ. Езы урысхэми гъуэгу зэпэщ зыкъом щаухуащ, университет зыбжанэ, балет школ къыщызэIуахащ.
Чилир къэрал къулейсызкъым, Къэралым щыпсэухэм я процент 88-р Европэм икIа цIыху хужьхэрщ, урысхэр щымащIэщ. Ауэ лъэужь телъыджэ къыщагъэнащ. 1973 гъэм Хунтэм социалист Альенде Сальвадор и правительствэр тридзыныр къызэзыгъэпэщар Пиночет Аугустэ и закъуэкъым. Ауэ иджы ягу къагъэкIыжын яфIэфIкъым абы Чилим и дзэм къулыкъу щызыщIэ урыс офицерхэу генерал Краснов Михаил, нэхъ тэмэму жыпIэмэ, Мичель Красснофар-Марченкэ я пашэу хуабжьу зэрыдэIэпыкъуар. Зи гугъу тщIыр атаман цIэрыIуэ, пащтыхьыдзэм и генерал Краснов Петр и къуэшым и къуэм и къуэщ. Ар куэд щIауэ лъэхъуэщым исщ икIи, и ныбжьыр хэкIуэтами, тезырыр щхьэщахыну гугъапIэ иIэкъым. Езы атаманыр ЕтIуанэ дунейпсо зауэм и зэманым Гитлер къуэуващ, генералу вермахтым хэтащ, иужькIэ суд унафэкIэ Москва щаукIащ.
Континентым цIыху бжыгъэкIэ щынэхъ ин дыдэ (мелуан 200) Бразилием зэгуэр урыс куэд щыпсэуащ езыхэм я зэгухьэныгъэ яIэжу. АрщхьэкIэ псэукIэ зэпэщ къалъыхъуэу зэбгрыкIахэщ. Апхуэдэу щыт пэтми, Бразилием и статитистикэм къитахэм ятепщIыхьмэ, Бразилиер я унапIэщ урыс мин 200-м щIигъум. АрщхьэкIэ абыхэм я лъэужьыр зы щIыпIи къыщыхэщыркъым, ди къэралхэр мыIейуэ зэдэлажьэми. Уеблэмэ. Сан-Паулу и университетищым урысыбзэ щрагъэдж, урыс щэнхабзэм и унэхэр щыIэщ.
Мы Iуэхур кIэрыутIыпщ хъуауэ къыщIэкIынущ. Имычэзууэ пIэрэ урысхэри нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу ди хэкуэгъу псори а щIыналъэхэмрэ Урысеймрэ я зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэным, ахэр зэгъунэгъу щIыным хуэлэжьэн папщIэ Iэмалхэр къыхузэIуахыну.
 

Махъшокъуэ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ