Iуэхум теухуа упщIэхэр

Лермонтовым щIыгъуу къулыкъу зыщIэ, шу гвардием и корнет Глебов Михаил усакIуэр зыхьыну шэр къытехуа нэужь, уIэгъэ хьэлъэм къыбгъэдэнащ, уэшх къежэхым хэту, адрей ящIыгъуахэр Псыхуабэ кIуэуэ дохутырыр шыгукIэ къашэху … Столыпин Алексейщ. Ар етIуанэу ящIыгъуар. Абы зэрыжиIэжымкIэ, ар хэтащ зэщыхьаитIым я Iуэхур нэхъ тыншу зэфIигъэкIыну икIи Мартыновым и кIэрахъуэр усакIуэм зэман кIыхькIэ щригъапщэм, тIури зэбгъэдишыжын мурад ищIауэ, кIэрахъуэр уащ. Ещанэр офицер Трубецкой Сергейщ. Ар лъэпкъ цIэрыIуэ къыхэкIат, ауэ цIыху псынщIэт, цIыхубз Iуэхум зыIэпишэри и къулыкъукIэ жыжьэ нэмысу къэнат. Уеблэмэ иужькIэ ар ягъэтIысри щысащ, сэлэт къызэрыгуэкI ящIыжащ. Апхуэдэу абыхэм еплIанэу ящIыгъуащ Васильчиков Александр - къэрал советым и Iэтащхьэм и къуэр. Армырауэ пIэрэ усакIуэр Iухын хуейуэ унафэ зыхуащIар? Васильчиков нэхъыщIэри Столыпини хэтт «ЦIыху I6» гупым. Абы щызэхуэсхэм ирагъэкIуэкI псалъэмакъхэр пащтыхьым Iуридзэджами хэт зыщIэр?
     Дуэлыр зэрекIуэкIамрэ а Iуэхум хэтахэм къаIуэтэжар зэрызэтемыхуэмрэ упщIэ зыкъом къашэ, жэуап тэмэм ямыгъуэтауэ. Япэрауэ, гурыIуэгъуэкъым: зэфIэнаитIыр щызэпэщIэува щIыпIэм хэт сыткIэ кIуа, хэт сымэ зэгъусар? Дуэлыр щекIуэкIым щыгъуэ Трубецкоймрэ Васильчиковымрэ а щIыпIэм щыIа? Ахэр щыхьэту увами, апхуэдэ лъэбакъуэ щIачар зэщыхьаитIым я Iуэхур хабзэм тету ирагъэкIуэкIауэ жаIэн щхьэкIэщ. Ещанэрауэ, Лермонтовым телъ уIэгъэр щыхьэт тохъуэ абы къытехуа шэр Iуащхьэ лъабжьэмкIэ къилъэтыкIауэ е щIыпIэ жыжьэ къикIауэ. ЕплIанэрауэ, Лермонтовымрэ Мартыновымрэ кIэрахъуэ щызэрагъэпщар пщыхьэщхьэм сыхьэти 6-рэ дакъикъэ 30-рщ. Абы иужькIэ, Столыпинымрэ Васильчиковымрэ шыгу зэщIэщIарэ дохутыррэ къагъуэтыху, усакIуэр сыхьэтитIрэ ныкъуэкIэ уэшх къежэхым хэлъащ. АтIэми а тIум шыгу къыщIалъыхъуэн щыIакъым, езыхэр хуэкъулейт, яхузэфIэкIынут пщIэ щIату шыгу къащтэну. Уеблэмэ Глебовыр а щIыпIэм шыгу зэщIэщIа ису къэкIуауэ яIуатэ. ИкIэм-икIэжым Лермонтовыр шым зэпрыууэ тралъхьамэ, сыхьэт ныкъуэм Псыхуабэ яхунэгъэсынут.
НэгъуэщI зы упщIи къыкъуокI. Шэр къыщытехуам Лермонтовыр занщIэу илIыкIауэ пIэрэт уIэгъэ хьэлъэм? А щIыпIэм шыгукIэ къэкIуа Саникидзе зэриIуэтэжамкIэ, усакIуэм и псэр хэкIатэкъым, ар щэIурт «солIэ, солIэ» жиIэу. ИкIи щылIар Псыхуабэ дэмыхьэ щIыкIэщ. Саникидзе зыри пкъырыупщIыхьакъым. Хэт ищIэн, апхуэдэу кIыхьлIыхьу а Iуэхум иужь имытамэ, Лермонтовыр къахуегъэлынкIи хъунт. Къахуемыгъэлми, Мэшыкъуэ Iуащхьэм къыщыхъуам и пэжыпIэр къэпщIэфынут.
     Етхуанэрауэ, зэщыхьаитIым яIыгъа кIэрахъуэхэм ятеухуауэ яIуэтэжри зэтехуэркъым. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ. Сыту жыпIэмэ Лермонтовыр зыхьа шэр къызэрытехуа щIыкIэм ехьэлIауэ ятхыжам уеплъмэ, мыпхуэдэ гупсысэм, Iуэху еплъыкIищым ухуешэ: щIыпIэ жыжьэ къиукIри абы фочышэ къытехуащ; Кухенройтер кIэрахъуэ лъэщымкIэ гъунэгъу дыдэу къеуащ; гъунэгъу зыкъыхуащIри, нэгъуэщI кIэрахъуэ лIэужьыгъуэкIэ къыхагъэщIащ. Шэр и Iэпкълъэпкъым и лъабжьэмкIэщ къыщытехуар.
     Еханэрауэ, Лермонтовыр Мартыновым щыIущIэну щIыпIэм къыщыкIуэм къыздикIар Псыхуабэкъым, атIэ абы ипэIуэкIэ здэIэпхъуа Железноводскщ. А къалэм дэсхэм иужь дыдэу ар щалъэгъуар Рошке и шхапIэм щIэсущ. Абы щыгъуэми, щIакIуэ кIапэ зыгуэрым удытеувэн ипэ ушхэ зэрымыхъунур, шэр уи ныбэм къытехуэмэ, узэрихьынур псоми ящIэрт. Абы къикIыр сыт?
Лермонтовым дуэль Iуэху зэрихуэртэкъым. Пэжу, ар Мартыновым хуэзэну гъуэгу тету къыщIэкIынут, ауэ щIакIуэ кIапэ дытеувэн щхьэкIэтэкъым щIэкIуэр, атIэ а тIум яку къыдэхъуа къаугъэр зэтриуIэфIэжын мурадкIэт. Лермонтовыр шууэ а щIыпIэм щынэсам, Мартыновыра къеуар хьэмэрэ нэгъуэщI? Абы теухуауэ мыпхуэдэ Iуэху еплъыкIэ щыIэщ: гъэпщкIуауэ зыщIыпIэ хэсу зыгуэр къеуащ. Зыхьыну шэр къытехуа нэужь, усакIуэм и псэр хэкIыхункIэ пэплъахэщ. Абы иужькIэ следствием лъэкI къигъэнакъым Iуэхум и пэжыпIэр щIихъумэн папщIэ.
     ЛIыукIхэм я мурадар гурыIуэгъуэщ. Абыхэм я къекIуэкIыкIар, я хьэл-щэнхэр зэхуэмыдэ пэтми, ахэр пащтыхьыгъуэм и телъхьэт икIи Николай Езанэм и фIыщIэ къахьмэ къахуэщхьэпэжынут. КъимыдэкIэ я къулыкъукIэ нэхъ ищхьэкIэ ягъэкIуэну щыгугъагъэнущ. АрщхьэкIэ абыхэм ящыщу зи къулыкъукIэ дэкIуеяр Васильчиковым и закъуэщ. Апхуэдэ Iуэхухэм хэуныкIыр къызэгъэпэщакIуэхэрщ, гъэзэщIакIуэхэр щэхуу утыку йокIыж.

Поделиться: