Псори къыщежьэр унагъуэрщ

Сыт хуэдэ лъагапIэ нэмысами, цIыхум и къежьапIэр и унагъуэрщ, и лъэпкъырщ, и жылэрщ, и хэкурщ. А псом япэ ит унагъуэращ лъэ быдэкIэ гъащIэм ухэзыгъэувэри, узыщIэхъуэпсым утригъэгушхуэу уи щIыбагъ къыдэтри. Сыт хуэдэ унагъуэ ущапIын хуей лъэпкъым и къуэ пэжу укъэхъун, къулыкъу лъагэхэм упэрыту улэжьэн, къэралым нэхъ къулей дыдэу къыщалъытэхэм ухабжэн папщIэ?

А упщIэхэм я жэуап щызэхэтхащ сенатор, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и тхьэмадэ Къанокъуэ Арсен АР-м щIыхь зиIэ и журналист ТIэш Светланэ дригъэкIуэкIа интервьюм. Ди гуапэу фи пащхьэ идолъхьэ абы щыщ пычыгъуэ.

- Сочэ дыщызэхуэзащ. Мыр адыгэ щIыналъэу зэрыщытым уегупсысрэ, хым ущыхэплъэкIэ?

- Уадыгэу абы уемыгупсысынкIэ Iэмал иIэкъым. Убыххэр Iусащ хы ФIыцIэ Iуфэм. Мыбы Iуэхуу щытщIэр нэхъри едгъэфIэкIуарэт, зедгъэубгъуарэт щIыжытIэм и щхьэусыгъуэхэм ящыщ зыщ ари. Сочэ и унафэщIхэмрэ дэрэ дызэгурыIуэу дызэдолажьэ, налог дот, зыгуэр хуейуэ зыкъытхуагъазэмэ, яхудощIэ. Псалъэм папщIэ, «Сириус» щIэныгъэ центрыр спорт утыку хуейуэ иджыблагъэ къыдэлъэIуати, сом мелуан 850-м щIигъу текIуадэу яхуэтщIащ.

Сочэ, къапщтэмэ, цIыху мин 15 дэсщи, абыхэм ящыщу мини 3-р ди деж щолажьэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, процент 20-м яшхын къызэралэжьын ди компаниехэм щагъуэт.

- Хы ФIыцIэ Iуфэм хьэщIэщхэр ущиIэщ. Лэжьыгъэ IуэхукIэ мыбы укъызэрыкIуэр хьэмэрэ зыщыбгъэпсэхунуи зэман ущиIэ щыIэ?

- Илъэсым къриубыдэу куэдрэ сыкъокIуэ. Нэхъыбэр, дауи, лэжьыгъэрщ зытеухуар. Iуэхур зэрыщекIуэкIыр зэзгъэлъагъун щхьэкIэ е зэлэжьэгъу гупым зэхуэс диIэмэ, гъэм и сыт хуэдэ зэмани сыкъокIуэ Сочэ.

 Ауэ зыщыщызгъэпсэхуи щыIэщ. Псом хуэмыдэу гъэмахуэм деж - Къанокъуэхэ я лъэпкъым щыщ цIыкIуи-ини къызогъэблагъэри, тхьэмахуитIкIэ мис абыхэм я гъусэу зызогъэпсэху. ХьэщIэщыр къызэрызэIутхрэ ар хабзэ дахэ тхуэхъуауэ идогъэкIуэкI.

- Сыт хуэдэ жылэ укъыщалъхуар, уи сабиигъуэр, щIалэгъуэр щыкIуар?

- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ Шытхьэлэ къуажэращ сыкъыщыхъуар. Езыр къуажэшхуэкъым. Кэнжэ жылэм къыхэкIри, 1927 гъэм яухуауэ аращ. Ди лъэпкъым и нэхъыбэр зыдэсыр аращ. Къанокъуэхэ, къапщтэмэ, беслъэнейуэ ябж, абыкIэ щыIэхэри диIэщ, Адыгэ Республикэми унагъуипщI хуэдиз щопсэу. ДызэроцIыху, дызэрощIэ, Хасэ щызэхэтшэм деж ахэри къыдогъэблагъэ, езыхэми драгъэблагъэ.

Курыт школым и 8-нэ классыр къэзухыху Шытхьэлэ сыщеджащ, иужькIэ илъэситIкIэ къалэм еджакIуэ сагъэкIуащ.

- Уи адэ-анэм я гугъу къытхуэщIыт…

- Си анэр къуажэм фельдшеру щылажьэрт. Си адэр агроному щытащ, иужькIэ къуажэ советым и тхьэмадэу илъэс куэдкIэ лэжьащ. Зэкъуэшищрэ зы шыпхъурэ дохъури, сэ сынэхъыщIэщ. Сыт хуэдэ гъэсэныгъэ къыфхалъхьар жыпIэмэ, адыгагъэращ псом япэ ирагъэщу щытар, хабзэм дыщIапIыкIащ. Дыпсэун, деджэн, дылэжьэн щхьэкIэ, яхузэфIэкIыу зыри къагъэнакъым ди адэ-анэм, хуабжьу зыкъытщIагъэкъуащ, драгъэджащ, лъэ быдэкIэ гъащIэм дыхагъэуващ.

Си къуэш нэхъыжьыр сурэтыщIщ, Орел дэт художественнэ училищэр къиухауэ щытащ, хуабжьу фIэфIу, дихьэхыу сурэт ещI. Си шыпхъум ди анэм и IэщIагъэр къыхихыжри, медицинэ училищэр къиухащ, цIыхухэм я узыншагъэр зэфIэгъэувэжыным йолэжь. Си къуэш курытыр Москва щопсэу, хьэрычэтыщIэщ. Дэ тIум финанс щIэныгъэ зэдгъэгъуэтри, Москва дыкъыдэнащ.

Псом япэрауэ, ди адэ-анэр зэрыдмыгъэукIытэным иужь дитащ, етIуанэу, «мыр ди бынщ» жаIэу зэрыдгъэгушхуэным, дифI зэрызэхедгъэхыным дыпылъащ. Ди адэм дызэриущийхэм ящыщт: «ЦIыхум лей къуихамэ, занщIэу епхыжыну иужь уимыхьэ, егупсыс», - жиIэрт. Делэм уэ фIэкIи, губзыгъэр уэ къыпфIэкIынщ жеIэ адыгэм. Сыт хуэдэ Iуэхуми акъылкIэ дыпэлъэщын хуейуэ къилъытэрт. Пщтырагъымрэ псынщIагъымрэ зыри къыпхуахьынукъым. Езыри апхуэдэт, цIыхум зэрегуэпэкIын, зэрадэIэпыкъун Iуэху зэрихуэу тетауэ аращ дунейм. Сэри абы зэрызезгъэщхьыным иужь ситщ. Сыт хуэдэ Iуэху сыхуэзами, абы жиIар сигу къэкIыжурэ зызошыIэ. Лэжьыгъэ IуэхукIэ, мылъку зегъэкIуэн IуэхукIэ зыри зытезгъэгушхуэнукъым, ауэ си унагъуэм, си къуэшхэм, си щхьэм къэсамэ, яхуэзгъэгъунукъым.

Си анэр нэхъ пасэу, илъэс 70 и ныбжьу, дунейм ехыжащ. Си адэр 87-рэ хъуху псэуащ.

- Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэу щыбгъэзэжам уи адэр псэут… Сыт хуэдэ чэнджэщхэр къуитрэт, дауэ къыщыхъурэт игъащIэ лъандэрэ щыпсэу республикэм и къуэр Iэтащхьэу къызэрагъэкIуэжар?

- Алыхьым и фIыщIэкIэ, си адэр псэууэ къэзгъэзэжри, дызэдэлэжьауэ жыпIэ хъунущ. Тхьэмахуэ лэжьэгъуэ пIалъэр къесхьэлIэрти, Iэмал имыIэу, зыгъэпсэхугъуэ махуэм къуажэм сыкIуэжырт, дызэбгъэдэст, дызэдэуэршэрырт. Адэ псори щыгуфIыкI хъунщ и быным зыгуэр къыщехъулIам деж. Дауи, и гуапэ хъуат унафэщIу сызэрагъэкIуэжар. Ауэ псом япэ иригъэщыр жэуаплыныгъэрэ пэжагърэ схэлъу си къулыкъум сыпэрытын зэрыхуейрт. Республикэм исхэм ящыщ куэд кIуэрт си адэм деж, Iуэху гуэр яIэ хъумэ. СыкIуэжа нэужь, ахэр тхауэ иIыгъти, унафэ къысхуищIырт, мыбы мыр хуэпщIэн хуейщ, мыр зэфIэхын хуейщ жиIэу. Къэбэрдей-Балъкъэрым сыщыщылажьэм, ныбжь хъарзынэм нэсами, гукъыдэж иIэу апхуэдэу къызэрыскъуэтам, гу зэщытхуэну дызэрыхунэсам щхьэкIэ Алыхьым фIыщIэ хузощI. Гуапэу сигу илъщ а зэманыфIыр. Улахуэ езмыту къыздэлэжьауэ жыпIэ хъунущ си адэр.

- Къанокъуэр адыгэ унэцIэ дыдэу зэрыщытыр къуегъащIэ и псалъэ зэхэлъыкIэм.

- Ди лъэпкъ тхыдэр щыдджым лIакъуиблкIэ, лIакъуипщIкIэ дызэIэбэкIыжри, беслъэнейкIэ щыIэ Къанокъуэхэм дакъыхэкIауэ къыщIэдгъэщащ. Мы Iуэхур тхыдэджхэм я пщэ итлъхьауэ идогъэлэжь. Абыхэм я къэхутэныгъэхэм нэхъ куууэ дыхагъэплъащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым унагъуэ 50 хуэдиз дисуращ. Нэхъыбэу здэщыIар беслъэнеймкIэщ.

Кавказ зауэжьым куэд хэкIуэдащ ди лъэпкъ щIалэу. Абы и щыхьэту къэпхь хъунущ тхыдэм къыхэщыж мы хъыбарыр. «Дэ илъэс 25-кIэ дыпсэунми аращ» - жаIэрт ди цIыхухъухэм. Абы кърагъэкIыр илъэс 25-м ирихьэлIэу унагъуэ, псэупIэ зэрагъэпэщын хуейт. АдэкIэ зауэм я щхьэ халъхьэми, гузавэжыртэкъым, уеблэмэ, абы нэхърэ нэхъыбэрэ псэуам лIыгъэншафэ ираплъу щытауэ къыдгуроIуэ тхыдэ напэкIуэцIхэм дыщриплъэжкIэ.

- Арсен, Iуэхуу, къалэну, къулыкъуу бгъэзащIэр бэщ. Уи унагъуэм уахэсыну зэман къыпхудэхуэрэ?

- Абы теухуауэ жыпIэмэ, унагъуэр тIэкIу иужь къизгъэна къыщIэкIынщ. Си щхьэгъусэм гу лъызигъэтэжащ абы. «Лэжьыгъэ IуэхукIи, дуней тетыкIэкIи, къуэшхэм, адэ-анэм уазэрыхущытакIи, губгъэн къэпхьакъым, ауэ уи унагъуэм узэрыхэсар мащIэщ», - жиIащ. Иджы сыздынэса ныбжьым ситу сызоплъэкIыжри, экономикэ, политикэ жыпIэу апхуэдэу лэжьыгъэм зыдебгъэхьэх хъунукъым. Сытым дежи сыхьэт 24-рэ си лэжьыгъэм тезгъэкIуадэрт сэ. Унагъуэм и пащхьэ си къалэн щызмыгъэзэщIауэ къысщохъу. Ауэ иджы, зэрысхузэфIэкIкIэ, унагъуэм нэхъыбэрэ зэман щызогъакIуэ. Нэхъыбэрэ узэгъусэху нэхъ быдэ хъууэ аращ унагъуэр. Ар зэи зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым. Мыр къызгурымыIуэу щыттэкъым, ауэ лэжьыгъэу си пщэ дэлъыр апхуэдизкIэ куэдти, унагъуэр тIэкIу иужь къизгъанэрт.

- Уадэ пхъашэ хьэмэрэ ущабэ. Сыт хуэдэ гъэсэныгъэм щIупIыкIа уи пщащэхэу Мадинэрэ Аминэрэ, уи щIалэ Альберт?

- ТIум хуэдэуи сыщытыфщ. Хъыджэбзхэм сахуэщабэщ, щIалэм нэхъ сыхуэткIийщ. Ауэ ди адэр зэрыщытам хуэдэу сыпхъашэкъым. Дэ абы и гъусэу зы Iэнэ дыпэрытIысхьэу щытакъым икIи дигу илъыр тхужеIэртэкъым. Сэ иджыпсту ныбжьэгъум хуэдэу сахущытыну сыхуейщ, я гупсысэхэри, мурадхэри, IуэхущIафэхэри къысхуаIуатэмэ, нэхъ къызощтэ.

Зытхыжар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.
Поделиться: