НаркотикхэкI грамм 292-м щIигъу

 НаркотикхэкIхэр ирагъэкIыным пэщIэт Iуэхухэр Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм ирагъэкIуэкIыу къыщIагъэщащ республикэм афиянхэкIхэр куэду къихьэныр къызэгъэпэщыным пыщIа, хамэ къэрал щыщ цIыхум илэжь щIэпхъаджагъэр.
Шэч зыхуащIыр яубыдащ Налшык къалэм щэху гъэтIылъыпIэхэр щищIу. Езыр, ар пIалъэкIэ щыпсэур къыщащым, къытрахащ иригъэкIыну зыхэта героин грамм 292,6-рэ. 
УФ-м и УК-м и 30-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм, 228.I статьям и 4-нэ Iыхьэм и «г» пунктым къыщыхьа щIэпхъаджагъэр зэрилэжьам теухуа уголовнэ Iуэху къаIэтащ икIи ар илъэс 20-м нэскIэ ягъэтIысынкIэ хъунущ.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ