Къаруушхуэ текIуадэми

Шэрэдж псыхъуэм лъэныкъуитIымкIи декIуэкI автомобиль зекIуапIэхэр, Урвань (Аруан) – Уштулу федеральнэ мыхьэнэ зиIэмрэ  Старэ Шэрэдж – Жэмтхьэлэ – Сукан-Суу гъуэгумрэ, зэпызыщIэ Iыхьэу ГЭС-хэм я щхьэкIэ щыIэр (километри 2-м щIигъу и кIыхьагъщ) къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж.

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым ипкъ иту мы зэманым зэлэжь автомобиль зекIуапIэр куэд щIащ къызэрагъэсэбэпрэ Жэмтхьэлэ, Зэрэгъыж жылэдэсхэм Шэрэдж районым и къуажащхьэ Къэщкъэтау зыпащIэнымкIи республикэм и къалащхьэм гъуэгу нэхъ гъэкIэщIакIэ лъэIэсынымкIи.

Мы зэманым IэщIагъэлIхэр яужь итщ зи гугъу тщIы гъуэгумрэ ипщэ лъэныкъуэмкIэ абы къеуалIэ мэзылъэ джабэ нэкIумрэ зэрызэпагъэщхьэхукIыну блыныр зэрытыну мащэр гъэжынымрэ гъэбыдэнымрэ.

«Лэжьыгъэхэр къаруушхуэ зытекIуадэщ. Джабэ нэкIу задэм къыгуилъэсыкI ятIэмрэ мывэмрэ автомобиль зекIуапIэм къылъэмыгъэIэсыным хуэгъэпса блыныр, «лъэ быдэкIэ» гъэувын зэрыхуейм и мызакъуэу, гъущIрэ бетон Iуву зэхэгъэпцIыхьыжыпхъэщ. КъинэмыщIауэ, гъуэгур бгыр здэщымыIэмкIэ едгъэбгъунлъэкIынущ, нэхъ бгъуэ зэрытщIынум и фIыгъэкIэ. Шынагъуэншагъэм хуэщхьэпэну нагъыщэхэри зыхуэфащэ щIыпIэхэм деж щыдгъэувынущ», - жеIэ гъуэгу хозяйствэмкIэ IуэхущIапIэм и къудамэм и унафэщI Гъуэгунокъуэ Тимур.

Къыхэдгъэща лэжьыгъэхэм къинэмыщIа, гъуэгуухуэхэм къапэщылъщ автомобиль зекIуапIэм телъа асфальт-бетон «уэншэкужьыр» трагъэкъэбзыкIыжу ар щIэкIэ зэрахъуэкIыныр, бгъунжырыкIуэ машинэ «лъагъуэхэр» зэгъэзэкIуарэ дахэу къыпащIэныр, гъуэгум машинэ зэблэкIыпIэхэр щызыубзыху дамыгъэхэр традзэныр.

Къезыхьэжьахэм я мурадщ лэжьыгъэр гъэмахуэр имыкIыу яухыну.

 

АЗЫЧЭ Бэллэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу