«Налшык насыпым и дамыгъэщ»Налшык къалэм гъатхэпэм и 25-м щекIуэкIащ макъамэмрэ къафэмкIэ IX лъэпкъхэм зэдай зэпеуэ, «Налшык насыпым и дамыгъэщ» зыфIащар. Зэхыхьэ дахэр къызэрагъэпэщащ ди щIыналъэм и цIэр дуней псом фIыкIэ щагъэIун, лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр, цIыхухэм я зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр яхъумэн, къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм я зэдэлэжьэкIэм зрагъэужьын папщIэ. КъызэгъэпэщакIуэ комитетым и унафэщI, Дунейпсо, Урысейпсо Арткомитетхэм я вице-президент, ТворчествэхэмкIэ Кавказым и Академием и президент, ЩIДАА-м, РАЕН-м, ТворчествэхэмкIэ Дунейпсо Академием я академик, Кавказым и республикэ псоми щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Урысейм и «Золотой орёл» литературэ саугъэтым и лауреат Бейтыгъуэн Iэуес жиIащ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэр зыхэт Iуэху гуапэр илъэс ебгъуанэ хъуауэ зэрырагъэкIуэкIыр, мыпхуэдэ зэхыхьэ щIэщыгъуэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр, щIэблэм зэрылъытэ яку дэлъу, Хэкур фIыуэ ялъагъуу, зым адрейм пщIэ хуищIу къэгъэхъунымкIэ зэрысэбэпыр. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
Поделиться:
Читать также:
05.05.2024 - 11:00 →
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IутIыж махуэшхуэм теухуа и хъуэхъу
04.05.2024 - 14:38 →
Тэрчдэсхэр щогуфIыкI
04.05.2024 - 13:34 →
Гъуэгу махуэ тет мафIэгур
04.05.2024 - 11:18 →
Ди хъугъуэфIыгъуэхэм щIохъуэпс
04.05.2024 - 10:01 →
Гъунэгъу республикэм и махуэшхуэ
|