И хъэтIыр гуапэщ

 

Щомахуэ Залинэ и рассказхэм, повестхэм, прозэу тха усэхэм, сабий псысэ цIыкIухэмрэ хъыбархэмрэ Iуэхугъуэ куэд къызэщIаубыдэ. ИIэщ абы философие гупсысэ зыхэлъхэри, шыпсэ ухуэкIэм хуэкIуэхэри, гъащIэм къигъэув упщIэхэм я жэуап узыгъэлъыхъуэхэри.

ЩIагъыбзэ гъэщIэгъуэн щIилъхьащ «Дыгъужьым имыгъэгъуар» рассказым. «ЯгъэIэсэу езым хуэдэхэм пагъэувыжыну» мэлыхъуэхэм къапхъэнкIэ яубыда дыгъужь анэм, епцIыжакIуэ мыхъун папщIэ ажалыр къыхех - и пщэм иращIа кIапсэмкIэ зетхьэлэж. Яубыдат дыгъужьым и къуэри. «Пщэдей сыт сшхын жысIэркъым, псори си хьэзырщ», - жиIэу гуфIэрт бын щхьэхынэр. Анэм зыщIилIэжа щхьэхуитыныгъэр дыгъужь шырым и Iумпэмт. «УепцIыжакIуэщ», - жиIащ ар къригъэлыну къэкIуа дыгъужь адэм. Быным кIуэжын идэртэкъыми, адэм и шырым и псэр хихащ.  Унагъуэр зимыIэж езыми къуршыпс уэрым зыхидзэжащ.

ГъэщIэгъуэну гъэпсащ «Нэхунэ» рассказыр. Данэ и нэм имылъагъуу дунейм къытехьащ. Ауэ щыхъукIи, и гур апхуэдизу жанщи пщащэр куэдым хуэIэкIуэлъакIуэщ, «и Iэпэхэр и гъуджэщи» и теплъэри ецIыхуж. «СызэрыцIыкIурэ згъэкI си щхьэцыр кIыхьышхуэщ, си набдзэ псыгъуэм нэм зыкъыдегъэш, си нэбжьыцыр Iувщ…Си пэр цIыкIущ, Iупэр баринэщ, сыт щыгъуи Iэпкълъэпкъым хуэфIыпс щыгъын сщыгъщ», - жеIэ хъыджэбзым. Данэ и нэхэм ящIэлъын хуея нэхур и гум щызэтрихьэу, гуапагъэ мыкIуэщIыр из хъуами ярейщ - анэм, адэм, дэлъхум, гъунэгъу хъыджэбзым щатепсэлъыхькIэ и псэм и хуабагъэкIэ гъэнщIащ и псалъэхэр. КъызэрыгуэкIкъым, дауи, пщащэм и лъагъуныгъэри. Алими пщащэм итхьэкъуащ. Ер къызэрыкIыр Алим и анэм жиIарщ: «Адыдыд, Алыхьым жимыIэкIэ, нысэ нэфт иджы дэ къытхуэтыр…». Алимрэ Данэрэ абы зэкIэричащ, залымыгъэкIэ къуэм нэгъуэщI къригъэшащ. Ауэ цIыхубзым и псалъэ гуемыIухэр Алим дежкIэ къекIэрэхъуэкIащ - абы зи нэм имылъагъу щIалэ цIыкIу къыщIэхъуащ. МыгурыIуэгъуэр щIалэм зыщIитхьэлэжарщ. Езым фIыуэ илъэгъуатэкъэ хъыджэбз нэф, дагъуэ лъэпкъи абы химылъагъуэу. АтIэ, езым къыхуэныкъуэ псэ къабзэ цIыкIу дунейм къытриутIыпщхьэу щхьэ зиукIыжрэ, щхьэ жэуаплыныгъэ зыхимыщIарэ быным  теухуауэ? Абы лIыгъэншафэ къытрегъауэ щIалэм.

Данэ и нэхэр къэплъэжу, сымаджэхэм я узыр ящхьэщихыф хъуа нэужь, игъэхъужащ Алим и анэри, къыщIэна щIалэ цIыкIури. 

«Псэ зиIэм уэрэд жеIэ» хуищIащ эпиграф «Мадоннэ» рассказым. Тхыгъэм псэ хуабагъэу хэлъыр ядыболъагъу тхакIуэм къигъэщIа образхэм. Мэржани, Уэсмэни, Инали гъащIэм ириудэкIыу унэншэу къэнащ. ТхакIуэм къегъэлъагъуэ апхуэдэхэр я теплъэкIэ, бэлэбанэми, я псэм узыIэпишэу нур гуэр зэрыщахъумэр. Абы гу лъызытэнури гущIэгъу зиIэ цIыхурщ. Къыхигъэхьащ тхакIуэм а шыфэлIыфэм хуэфэщэн лIыхъужьи - сурэтыщI щIалэ цIыкIур. Образ, сюжет ухуэкIэ и лъэныкъуэкIэ «Мадоннэ» рассказыр Залинэ и тхыгъэхэм къахощхьэхукI. Мыбы хэлъ гупсысэхэр нэщIыса дыдэщ.

Философие гупсысэ бзыгъэ ящIилъхьащ тхакIуэм «ПIэхэнэ» теплъэгъуэм, «Анэ» новеллэм. Мыхэр узыгъэгупсысэщ, узыущийщ, фIым укъыхуезыджэщ.

Куржы-Абхъаз зауэр лъабжьэ хуищIри, Щомахуэм къигъэщIащ «Псэм ипэ - напэ» повестыр. «Адыгэ щIалэ куэд хэкIуэдащ Куржы-Абхъаз зауэм, ауэ абы гъащIэ зритар нэхъыбэжщ…» - тхыгъэр зэриух псалъэхэм тхакIуэм къиIуатэ гупсысэр щIагъэбыдэ.

Сабийхэм папщIэ Щомахуэ Залинэ игъэпса хъыбархэмрэ псысэхэмрэ тхащ бзэ гъэщIэгъэункIэ. ЖыпIэнурамэ, сабий акъыл жаным щIэхыу зыхищIыкIэфын хуэдэу зэкIэлъыхьащ и гупсысэхэр. Сабийхэм папщIэ тхакIуэм и Iэдакъэ къыщIэкIахэм гъэсэныгъэ, фIым хуэзущий мыхьэнэ яIэщ. Абыхэм ящIэлъщ гуапагъэ, хуабагъэ, къабзагъэ.

Унэщхъеинумэ, угупсысэнумэ, гъащIэм ущыгуфIыкIыжынумэ, прозэу тха усэхэр щIэбджыкI хъунущ. Ахэр гъэнщIащ тхакIуэ ныбжьыщIэм и къалэмыпэм къыпылъэт адыгэбзэмкIэ, цIыхупсэр зэрихъумэну гупсысэхэмкIэ.

 

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: