Къыщежьар нобэкъым

Псэущхьэ инхэмрэ цIыкIухэмрэ я фэм къыхах щыгъыныгъуэхэмрэ хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэмрэ хуэмейуэ нобэ къоув Европэ къэралыгъуэхэм я цIыху куэд. Абыхэм а Iуэхур зэрыдаIыгъыр нэрылъагъуу, мы гъэм и щIымахуэм бжьыпэр яIыгъащ шубэ, джэдыгу IэрыщIхэм.  Ахэр дахэу, егугъуу зэращIым псы дзыгъуэхэм, дзыдзэхэм, кIэпхъхэм, мэз джэдухэм я фэхэм къыхаххэм уригъэплъыжыркъым.  Я хуабагъкIэ жыпIэнщи, адрейхэм къакIэрыхуркъым, къищынэмыщIауэ, зехьэгъуафIэщ, псынщIэщ, хъун еуэнукъым, псыIагъэр зэран хуэхъунукъым.

Абы къежьапIэ хуэмыхъуу къэнакъым, ковидым и лъэхъэнэм а узыр япкърыту зыхуагъэфэща псэущхьэ бжыгъэншэхэм лейуэ ирахар. Фэм и техыкIэри цIыхум къищтэн хуэмей гущIэгъуншагъэщ… апхуэдэущ иджыпсту куэд а Iуэхум зэреплъыр.

Шубэ зыкъизыххэр, джэдыгу дэгъуэхэр сыт хуэдэ зэманми щыIащ. Ауэ иджы хуэдэу цIыхум кърагъэлъэлъэхыжыртэкъым, къэзыщэхуфхэри зырызыххэт. Щыгъыныгъуэу къыдагъэкIыр тещIыхьат, щэкIуэгъуэ зэманым хабзэм тету къаукIа щхьэбжыгъэр  зыхуэдизым. Нобэ ахэр псоми щIэкIыу ящыгъщ. А зы лIэужьыгъуэр куэдыщэ щыхъум и деж, япэм яIа пщIэмрэ щIэупщIэмрэ йохуэх, я уасэхэм зыкIи зэрыхэмыщIым щхьэкIи къэмынэу. Апхуэдиз псэущхьэр зэтебукIэным ар и уасэу дяпэкIэ щымытыжынри Iуэхум хэлъщ.

ПIалъэ пыухыкIам тету, къаукIын хуей псэущхьэхэм я фэр къэбгъэсэбэпынымрэ, я фэр къэбгъэсэбэпын щхьэкIэ ахэр зэтебукIэнымрэ зыкъым.

I972 гъэм Европэ къэралхэм модэр щызезыгъакIуэхэм къыхалъхьауэ щытащ африкэ зебрэхэм я фэхэм къыхэщIыкIа алэрыбгъухэр. Ахэр унэ лъэгухэм, машинэ кIуэцIхэм ираубгъуэрт. Къежьа модэм иужьым иту а псэущхьэхэр гущIэгъуншэу зэтраукIэу хуежьащ. Абдежырщ щIыуэпсымрэ дыкъэзыухъуреихь дунейм мащIэу фIэкIа узыщримыхьэлIэ псэущхьэхэмрэ хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэхэм зыкъащIэжу, тхьэгъушым еуэн щыщIадзар.

Кение къэралым и закъуэ къэтщтэнщи, а зэманым зебрэу яIам щыщу къахуэнар мащIэ дыдэт зэрыхъужыр. ХартманакIэ зэджэ къурш зебрэхэр кIуэдыжыпэным иIар зы мащIэщ. Абы къыхэкIыу фэ къабзэм къыхэщIыкIа щыгъынхэмрэ хьэпшыпхэмрэ рекламэ яхуэщIыныр зэман кIыхькIэ зэпагъэун хуей хъуат.

Шэрэдж Дисэ. 

Поделиться: