Гъатхэ лэжьыгъэхэр йокIуэкI

Коммунальнэ хозяйствэм и лэжьакIуэхэм уэсыр зэрытекIыу жыг щхьэкIэхэр яухъуэнщIащ. Мыгувэу абыхэм къудамэщIэхэр къыщызэщIэрыуэнущ, уэрамыбгъухэр, лъэс зекIуапIэхэр ягъэдахэу.
Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым мы махуэхэм зыхуей щыхуагъазэ удз гъэгъа хэсапIэхэр - Печатым и унэм щыщIэдзауэ Балъкъэр уэрамым нэсыху. Къалапщэм хуэзэ клумбэшхуэхэм я къэухьхэр гъэ кIуам яхъуэжри, щIы къабзэ иракIутауэ гъэ щIэкIат. Иджыпсту лэжьакIуэхэм трагъэкъэбзыкI абыхэм япэу къытеува яжьащхъуэр, гъэгъа зэмылIэужьыгъуэхэр зэрыхасэнум хуэдэу.
Гъэ щIэкIа удз гъэкIыпIэхэм нэхъыбэу итыр щIыIэм хъарзынэу пэлъэщ виолэ зэмыфэгъухэрщ. Абыхэм ягъэдахэ Лениным и проспектымрэ Головко и цIэр зезыхьэ уэрамымрэ я зэхэкIыпIэхэр, автобус итIысхьэпIэхэр.
ЛэжьакIуэхэм зэрыжаIамкIэ, иджы хуэдэ зэманым ягъэкъабзэ клумбэхэм гъэкIэ хасэ маргариткэ гъуэжьхэр, къэрабэхэр, гладиолус плъыжьхэр.
- Гъэгъахэр къызэрыхэтхыр ахэр щыхэтсэ щIыпIэм елъытауэщ. Маргариткэхэр, къэрабэхэр, розэ лъахъшэхэр удз ежьужьхэм зэщIащтэу щыткъым, зепхьэну тыншщ, гъэмахуэ псом дахэу итынущ. Аращ ахэр къалэм и IуплъапIэхэм, цIыху нэхъыбэ щызекIуэ щIыпIэхэм щIыхуэдгъазэр. Лъэс зекIуапIэхэм илъэс зыбжанэ хъуауэ георгин плъыжь - фIыцIафэхэр, «весёлая семейкэ» лIэужьыгъуэхэр щыхыдосэ. Абыхэм щIыпIэ жьауэ зэгъуэкIхэр нэхъ йозэгъ, - жаIащ Iуэхум пэрытхэм.
А лэжьыгъэхэм къадэкIуэу, лъэс зекIуапIэхэм щыщIащэ чэщей жыг къуацэхэр. Абыхэм яхэтщ илъэсым тIэунейрэ хужьу, гъуэжьу къэгъагъэхэр. Ахэр щыфлъагъунущ къулыкъущIапIэхэм я бжэIупэхэм, парк ихьэпIэхэм.
Къалэ кIуэцIым и щIыпIэ щхьэхуэхэр илъэс куэд хъуауэ зыгъэдахэ хъурейхэм, кхъуэщын теплъэ зиIэ клумбэхэм иджыпстукIэ нэсакъым, абыхэм щыпэрыхьэнур накъыгъэм и пэщIэдзэхэрщ.
Хъураным и цIэр зезыхьэ уэрамым хуэзэ лъэс зекIуапIэр къалащхьэм щынэхъ бжьыфIэхэм ящыщщ. А щIыпIэр зыгъэдахэ лъакъуэ зыщIэт кхъуэщын хужьыбзэхэри ягъэкъэбзащ. Коммунальщикхэм къызэрыхагъэщамкIэ, нэгъабэ абыхэм щызэхагъэувауэ ита удз Iэрамэ дахащэхэр зэрыщыта дыдэм хуэдэу къагъэщIэрэщIэжынущ: гераньхэр, тхьэмпэ уэгуш къежэххэр, декоративнэ лимон жыг цIыкIухэр, нэгъуэщIхэри.
 

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: