Апхуэдэ фIэщыгъэм щIэту республикэм и къалащхьэм щекIуэкIащ сабий сурэтхэм я зэпеуэ. Налшык и Жылагъуэ палатэм хэт, Урысейм и ОВД-м и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Былымгъуэт Беслъэн и жэрдэмт ар. Зэпеуэр ирырагъэхьэлIащ Хьэршым и махуэм. Iуэхум жыджэру хэтащ КъБР-м и ОВД-м и ветеранхэм я советым и пашэ Пыхъ МуIэед.
Зэпеуэм хэтащ Налшык дэт сабий сад №40-м и гъэсэн цIыкIухэр. Апхуэдэу хьэршыр къазэрыщыхъур, абы епхауэ яIэ щIэныгъэхэр къызэрыщ сурэтхэр ящIащ ветеранхэм я къуэрылъху-пхъурылъ цIыкIухэми.
Хьэршым и махуэшхуэр гъэлъэпIэным хуэщIа а лэжьыгъэр ягъэзэщIащ цIыкIу 40-м щIигъум. Сурэтхэр Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ ятхат: хэти къэрандащкIэ къигъэлъэгъуащ зыхуейр, адрейми фломастерыр и дэIэпыкъуэгъуу хьэрш телъыджэм ехьэлIауэ и гум илъыр къиIуэтащ, ещанэми щIыуэпсым къыхиха пкъыгъуэ цIыкIухэмкIэ зэхигъэуващ хьэрш жыжьэр и нэгум къызэрыщIыхьэ теплъэгъуэ къызэрымыкIуэ цIыкIур. ЖыпIэнурамэ, сабийхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа дэтхэнэ лэжьыгъэри хьэлэмэтт, гъэщIэгъуэнт. Ахэр хуабжьу ягу ирихьащ зэпеуэр зэрекIуэкIым кIэлъыплъа нэхъыжьхэм.
«Сабийхэм ятха сурэтхэр апхуэдизу дахэу, гъэщIэгъуэну зэхэлъу ящIыну ди гугъакъым, - жиIащ Былымгъуэтым. – Иджырей щIэблэр, зэрытщIэщи, хьэршым апхуэдэ дыдэуи дихьэхыркъым, дэ ди сабиигъуэм еплъытмэ. ДыщыцIыкIум жылагъуэм мыхьэнэшхуэ щиIауэ щытащ а Iуэхугъуэм. Инри цIыкIури щIэхъуэпсырт хьэршым лъэтэну. Адыгэ, балъкъэр унагъуэм а лъэхъэнэм ирихьэлIэу къахэхъуа сабийхэм ящыщ куэдым Юрэ цIэр фIащауэ щытащ, хьэршым япэу лъэта космонавт цIэрыIуэ Гагариным и щIыхькIэ».
Былымгъуэтым зэрыжиIамкIэ, сабийхэм я сурэтхэм хьэлэмэту къыщагъэлъэгъуащ хьэршыр. Абыхэм щыплъагъур вагъуэхэмрэ ракетэхэмрэ я закъуэкъым, атIэ цIыху сэфэтым имыт псэущхьэхэри къыщагъэлъэгъуащ я лэжьыгъэхэм. КIэщIу жыпIэмэ, аргуэру наIуэ хъуащ Iуэху гуэрым итхьэкъуа сабийм и гупсысэм къыхыхьэфынумрэ абы къызыфIигъэщIыфынумрэ гъунапкъэ зэрамыIэр.
КъэпщытакIуэхэм апхуэдиз лэжьыгъэ хьэлэмэтхэм къыхахащ нэхъыфI дыдэу пщIы. Ахэр щахъумэнущ КъБР-м и МВД-м и тхыдэ музейм. АтIэми, зэпеуэм хэта дэтхэнэри ягъэпэжащ саугъэт цIыкIухэмкIэ.
Лэжьыгъэм и жэрдэмщIакIуэхэм фIыщIэ ин хуащIащ сабий садым и унафэщIхэм, сабий гупхэм я гъэсакIуэхэм, цIыкIухэм я зэхэщIыкIым зрагъэужьын папщIэ абыхэм щIэблэм драгъэкIуэкI лэжьыгъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр къыхагъэщу.