Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IутIыж махуэм теухуа и Хъуэхъу

Си гум къыбгъэдэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и чыристан диныр зезыхьэ псоми сохъуэхъу IутIыж махуэмкIэ.
Мы гуфIэгъуэ махуэр и дамыгъэщ псэр къэщIэрэщIэжыным, абы цIыхухэм гуфIэ­гъуэрэ гугъэрэ ярет, гурыщIэ къабзэ дыдэхэм яхузэщIегъэуIуэ, гъащIэр, гуапагъэр, захуа­гъэр зэры­щыIэмкIэ фIэщхъуныгъэ яхелъхьэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и чыристан члисэ псоми езыхэм я IуэхущIафэхэр иджыпсту хуау­нэтI къыддекIуэкI тхыдэ, щэнхабзэ хабзэ ­къулейхэр ихъумэным, ди псэкупсэ лъапIэныгъэхэр, уна­гъуэр игъэбыдэным, къытщIэхъуэ щIэблэр гъэсэным. ФIыщIэ щхьэхуэ яхуэфащэщ абыхэм цIыхухэм яку дэлъ зэхэщIыкIыр, ди жылагъуэм мамырыгъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ щыIэным хуищI хэлъхьэныгъэм, гулъытэрэ дэIэпыкъуныгъэрэ хуэныкъуэхэм защIигъэкъуэ­ным зэрыхущIэкъум.
Хуабжьу си гуапэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыху псоми узыншагъэ быдэ яIэну, псэукIафIэ хъуну, фIы къайхъулIэну.

Поделиться: