«Псынэ цIыкIу», «Къуажэхьхэр»

Дэ зэрытщIэщи, Щоджэн Леонид и тхыгъэхэм я нэхъыбэр теухуащ къытщIэхъуэ щIэблэм хьэл-щэн дахэ яхэлъу, хэкур, лъэпкъыр, анэдэлъхубзэр фIыуэ ялъагъуу гъэсэным. Абы и усэхэм сабийхэр дахьэх, къеджэгъуафIэщ, гукIэ зэгъэщIэгъуафIэщ.
Абы и Iэдакъэ къыщIэкIа «Псынэ цIыкIу», «Къуажэхьхэр» тхылъхэм я зэхэлъыкIэм топсэлъыхь КъБЩIКъИ-м адыгэ IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэ Хьэгъэжей Лианэ: «Псынэ цIыкIу»-р теухуащ унагъуэм илъ зэгурыIуэныгъэм, хэкум, псэущхьэхэм, джэдкъазхэм, дыкъэзыухъуреихь дунейм, къэкIыгъэхэм, дунейм и къэхъукъащIэхэм. ТхакIуэр зытепсэлъыхь литературэ лIыхъужьыр цIыкIухэрауэ е псэущхьэу, джэдкъазу щытми, яхэлъ хьэл-щэнхэр, теплъэхэр, гукъинэжщ.
Къуажэхьхэр зыфIэфIхэми ахэр къыщагъуэтэнущ мы тхылъым. «Псынэ цIыкIу», «Къуажэхьхэр» тхылъхэр яхуэгъэзащ еджапIэм щIэмытIысхьа цIыкIухэм е пэщIэдзэ классхэм щеджэхэм. А ныбжьым ит сабийхэр анэдэлъхубзэкIэ усэ цIыкIухэм еджэмэ, нэхъыфIу я бзэм зиужьынущ. «Псынэ цIыкIу» тхылъым усакIуэм куэду хигъэхьащ псалъэрыджэгу-псынщIэрыпсалъэхэр. Абыхэм бзэр шэрыуэ ящI, псалъэ гугъухэр къэпсэлъынымкIэ дэIэпыкъуэгъу мэхъу.
УсакIуэм дэтхэнэ и зы усэми гъэсэныгъэ мыхьэнэ «щабэу» щIелъхьэ. Ар гуапэу тхылъеджэ цIыкIухэм усэкIэ, къуажэхькIэ йопсалъэ. Сабий акъыл зэпцIагъащIэм къызэриубыдынкIэ абыхэм хеухуанэ гъащIэм и налъэ плъыфэбэхэр, «баш текъузэ» хэмылъу, атIэ дахэ защIэкIэ, псалъэ купщIафIэхэмкIэ ахэр къыдихьэхыу гъащIэм и гъуэгу захуэм зэрытригъэувэным хущIокъу.
«Псынэ цIыкIу» тхылъым ит усэхэр щIэщыгъуэщ, гъэщIэгъуэнщ, бзэ шэрыуэкIэ гъэпсащ. ТхакIуэм псалъэхэр зырызыххэу къыхищыпыкIыурэ и гум кърихащ, и псэм къигъэщIащ. Дэтхэнэ усэми ритм, рифмэ шэщIа иIэщ. ПыгъэпщIауэ, хэзэрыхьауэ, «хэщхьэрыуауэ» псалъэ лей усэхэм, псынщIэрыпсалъэхэм, къуажэхьэхэм укъыщеджэркъым.
Усэм и лъабжьэр зэтезыIыгъэр, абы еджэгъуафIэ зыщIыр ритмыр аращи, ар щытепщэщ Щоджэным и усэхэм. УсакIуэм куэду къегъэсэбэп метафорэхэр, эпитетхэр, зэгъэпщэныгъэхэр.
Сабий усакIуэм и пащхьэ къиувэ къалэнхэр нэхъ гугъущ. Зи акъылыр жан, зи псэр къабзэ, дэтхэнэ Iуэхугъуэ щIэщыгъуэми нэхъуеиншэу зыхуэзыший сабийр нэхъ хэплъыхьырейщ балигъхэм нэхърэ. Ар къызыгурыIуэ Щоджэным цIыкIухэр дэзыхьэхынщ, яфIэгъэщIэгъуэн хъунщ, гум иубыдэгъуафIэщ я пащхьэм ирилъхьэр. Абы рифмэкIэ зэщIэжьыуэу псалъэхэр адыгэбзэ къулейм къыхещыпыкIри, аращ усэр и гущIэм къыщIитэджыкIыр. Апхуэдэщ абы и дэтхэнэ усэри.
«Псынэ цIыкIу» тхылъым ит усэхэм языхэзми сабийр къыщеджэкIэ, и нэгу къыщIигъэхьэфынущ уэшхыпс хуэныкъуэу зызыгъэнщIыжа щIым и псэр зэрытыншыжыр («Уэшх»); жэщ хъуами, мыжеижу, зыгъэпсэху имыщIэу пIащIэу къыпэплъэхэм деж и псыр яхуэзыхь псыежэхыр («Псыр жейркъым»); гъатхэм, уэсыр зэрыткIужу, хущхьэ-щатэу, ныбэнэщIу къэтэджа мыщэжьыр («Мыщэжь»).
Щоджэн Леонид и усэхэм, къуажэхьхэм еджэ сабийр нэгъуэщI дуней къыщыхутэнущ. Балигъхэр еджэмэ, ягъэзэжынущ сабиигъуэм и лъахэм. Абы и усэхэм яхэлъщ лъэпкъ нэщэнэ, къыхощ нэхъыжьым пщIэ хуэщIын зэрыхуейр, фIым хуеущий.
Тхылъхэр къахуэсэбэпынущ адэ-анэхэм, егъэджакIуэхэм, гъэсакIуэхэм. ЩIэблэр гъэсэнымкIэ дэIэпыкъуэгъушхуэ хъунущ.
ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, зи анэдэлъхубзэр къулей сабийм и акъылыр нэхъ жанщ, набдзэгубдзаплъэщ, жыджэр цIыкIущ, нэхъыбэ зригъэщIэну хущIокъу. Ар къызыгурыIуэ Щоджэн Леонид аращ усэбзэкIэ сабийхэм щIепсалъэр».

 

Къэбарт Мирэ.
Поделиться:

Читать также: