КъБР-м щыIэ МВД-м къет

Сом мелуан 62-м щIигъу 

КъБР-м щыIэ МВД-м и Следственнэ управ­ленэм и следова­телхэм и кIэм нагъэсащ, Гагариным и цIэр зезыхьэ уэрамым фэтэр ­куэду зэхэту щаухуэну унэм хыхьэну хуа­гъэлъагъуэу, налшыкдэс 52-рэ къэзыгъэп­цIэжахэм ятеухуа уголовнэ Iуэхур. ЩIыпIэм щыпсэу илъэс 29 - 40 ныбжьым ит цIыхуип­лIым ялэ­жьа хьэгъэщагъэм и зэранкIэ ­унагъуэхэм яфIэкIуэдащ сом ­мелуан 62-м щIигъу. 

КъызэрыщIагъэщамкIэ, ухуакIуэ фирмэм и къызэгъэпэщакIуэу къэувар цIыхубзт. Къат куэд хъу унэр щаухуэну щIыпIэр къыхэзыхар абы и щхьэгъусэрат. Я мурадыр зрагъэ­хъулIэн папщIэ зэщхьэгъусэхэм а Iуэхум къыхашащ я цIыхугъитI - зым псэупIэ езыгъэщIыну хуейхэр къилъыхъуэурэ чэнджэщ яритырт, етIуанэм щэхуа­кIуэ­хэм зэгурыIуэныгъэхэр ярищIылIэрт. 
УхуакIуэхэм унэр 2019 гъэм хьэзыру ятын ­хуеят, арщхьэкIэ, гъэпцIакIуэхэм лэжьыгъэр къызэтрагъэувыIащ икIи пщэрылъ зыщащIар щахуэмыгъэзащIэм, зи мылъку хэзылъхьа­-хэм зыщагъэпщкIуу хуежьащ. Следователхэм къызэрахутамкIэ, ухуэныгъэр къыщIадзат абыкIэ хуитыныгъэ ямыIэу. 
2016 гъэ лъандэрэ екIуэкIа щIэпхъаджагъэ Iуэхур къызэпаудащ КъБР-м щыIэ МВД-м Эко­номикэ шынагъуэншагъэмрэ коррупцэм пэ­щIэтынымкIэ и управленэм и лэжьакIуэхэм. Лей зытехьахэм ­ирата хэщIыныгъэр ирагъэп­шы­ныжын папщIэ ягъэкъуаншэхэм я мылъку сом мелуани 100-м щIигъу яубыдащ. Ахэр щIыпIэм имы­кIыну Iэ щIрагъэдзащ.
Уголовнэ Iуэхур, зэрагъэкъуаншэр щIыгъуу, Налшык къалэ судым Iэрагъэхьащ зэпкъры­хауэ хэплъэну. 

ЩIалэм зеумысыж

Урысей МВД-м и управленэу Налшык къа­-лэм щыIэм 2023 гъэм мэлыжьыхьым и 14-м ­зы­хуигъэзащ щIыпIэм щыпсэу цIыхубзым. 2022 гъэм и щэкIуэгъуэм щыщIэдзауэ мы гъэм и мэлы­жьыхьри хиубыдэу, ар республикэм ­исакъым. КъэкIуэжри, дыщэхэкI сом мин 60 и унэм зэрыщIэкIуэдыкIар къихутащ. 

Къэлъыхъуэныгъэхэр щрагъэкIуэкIым къалэ управленэм и полицэм и къудамэм №2-м уголовнэ къэлъыхъуэныгъэмкIэ и лэ­жьакIуэхэм къахутащ унагъуэм я цIыхугъэ, нэхъапэм суд зыт­ращIыхьа, илъэс 24-рэ хъу къалэдэсыр а щIэп­хъаджагъэм зэрыхэпщIар. ЩIалэр, унагъуэм щыщхэм я лъэIукIэ къа­кIуэурэ ­къащыдэIэпыкъу щыIэт. Шэч зыхуа­щIым зиумысыжащ икIи жи­-Iащ идыгъуар имыцIыхухэм сом мин 13-кIэ зэ­рарищар. 
Урысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ управ­ленэм къэхъуам ­теухуа уголовнэ Iуэху къиIэтащ. 

Идыгъуар къытрахыж

2023 гъэм мэлыжьыхьым и 11-м Налшык ­къалэ УМВД-м зы­хуигъэзащ щIыпIэм щыпсэу, илъэс 65-рэ зи ныбжь цIыхубзым. ЗэрыжиIамкIэ, и сумкэм сом 13 550-рэ зы­дэлъ бохъшэр зыгуэрым ирихат. Абы жиIащ банкоматым деж къыщыдэIэпы­къуну имы­цIыху хъыджэбзым зэрызыхуигъэзар. 

ЗэрыкIэлъыплъ камерэм трихахэм еп­лъыжу, къэлъыхъуэ­ныгъэ Iуэхухэр щрагъэ­кIуэкIым къалэ управленэм уголовнэ къэлъыхъуэныгъэмкIэ и лэжьакIуэхэм шэч зыхуащIыр къыщIагъэщащ. Зи ныбжьыр хэкIуэта цIыхубзым, къы­дэIэпыкъуну зызыхуигъэза хъыджэбзым зы­щIэлъэIуар хуищIэурэ, абы и бохъшэр сумкэм дихри, зигъэбзэхыжат. 
Мэлыжьыхьым и 14-м яубыдащ нэхъапэм суд зытращIыхьа, илъэс 32-рэ хъу аушыджэрдэсыр. Шэч зыхуащIым зиумысыжащ, иды­гъуар къыт­рахыжащ. 
Урысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ управ­ленэм и Следственнэ къудамэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ. 

 

УЭРДОКЪУЭ Женя.
Поделиться: