Дэшхуей хадэм и зы пщэдджыжь

Пщэдджыжьыпэу, уэшх нэужьым, Налшык и Дэшхуей хадэм япэу зи лъэр щеувэха, къалэм и коммунальнэ хозяйствэм и лэжьакIуэхэм гуп-гупурэ загуэшауэ, щхьэж и IэнатIэр кърехьэлIэ. Хэти удзыр пеупщI, хэти ар зэщIекъуэри, самэу зэтрелъхьэ. Абыхэм ящыщ зыр жыгхэм я щытыкIэм кIэлъоплъ, зырызыххэу ябгъэдыхьэурэ. Хадэм иджыпсту зыщыпплъыхьыныр гухэхъуэгъуэщ: лъэс зекIуапIэм ибгъухэр абыхэм нэхъ зыхухахауэ щыт дэшхуейхэм тхьэмпэ цIыкIухэр къапидзэ къудейуэ арамэ, абыхэм къабгъурыт балиейхэмрэ пхъэгулъейхэмрэ хужьыгъэу зэщIэгъэгъащ, уэшх нэужьым абыхэм я мэ гуакIуэр дэнэкIи къыщрихьэкIыу. Тутейхэр, зэрыгурыIуэгъуэщи, иджыри пIащIэркъым, псом иужькIэщ абыхэм пщIащэр къащыпидзэнур.

КIэлъыплъакIуэм япэщIыкIэ зэпиплъыхьащ ныбжь зиIэ дейхэм я пIэм иувэн хуэдэу хаса жыгыщIэхэр. Ахэри пIалъэ пыухыкIам тету хасэ - хэти нэхъ щхьэпэлъагэ къэхъуащ, илъэс зытIущ дэкIмэ къапыкIэну къыщIэкIынщ, абы къыкIэлъыкIуэхэр нэхъ цIыкIущ, хасагъащIэ дыдэхэм я лъэдийхэр иджыри пластик птулъкIэхэм зэритым хуэдэщ. Абыхэм яхэткъым хэгъукIаи, лъэныкъуэкIэ ещIаи.

Дэшхуей хадэр гъэ псом къалэдэсхэм я кIуапIэу зэрыщытым псори тещIыхьащ: тетIысхьэпIэ тыншхэр, курыкупсэм ит удз гъэгъа гъэкIыпIэ хъуреишхуэр. Нэгъабэ асфальтыр щIэуэ зытралъхьа лъэс зекIуапIэ нэхъыщхьэр, цIыхур иджыри къэмыхъея щIыкIэу, къабзэу зэщIипхъэнкIащ зи бгъуитIым жыхапхъэ кIэрахъуэхэр фIэлъ техникэм. Абы тес щIалэр щIэх-щIэхыурэ къокIри, и лъэужьыр иджыри зэ къепщытэж.

 А техникэхэр къалэм и уэрам нэхъыщхьэхэр зэщIэзыпхъанкIэхэм нэхърэ фIыуэ нэхъ цIыкIущ, лъэс лъагъуэм и бгъуагъым хуэщIыпауэ. Абы дакъикъэ бжыгъэм и лэжьыгъэр кърихьэлIэри икIыжащ. Техникэр техьэ мыхъуу, плиткэхэмкIэ къищIыкIа адрей лъэс лъагъуэхэм тетщ, хьэрыкъыу къэгъэша Iэмэпсымэ псынщIагъуэ цIыкIу зыIыгъ, ныбжьыфI зиIэ зы лэжьакIуэ. Абы тхылъымпIэ кIэрыхубжьэрыхухэр мыпIащIэурэ къещыпри, и къэпым ирелъхьэ. Апхуэдэу абы игъэкъэбзащ Дэшхуей хадэм и утыкум хуэзэ сабий джэгупIэм и Iэгъуэблагъэри. Мыгувэу 6-7-нэ классхэм щеджэ цIыкIу гуп зэкIэлъхьэужьу хадэм къихьэри, бзухэм я шхапIэхэм шхын гуэрхэр хуракIутащ.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, нэхъапэIуэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Президентым и къэпсэлъэныгъэхэм ящыщ зым къыщыхигъэщауэ щытащ, ди щIыналъэм и паркхэм щIэныгъэ-къэпщытэныгъэ дерсхэр щегъэкIуэкIыным хуэгъэпса зэхъуэкIыныгъэхэр зэрагъуэтынур. Япэ лэжьыгъэхэр зэрыщаублэр нэрылъагъуу, иужьрей илъэситI зэкIэлъыкIуэхэм паркым къокIуэ щIыр къызэрапщ, щIыпIэм иIэ зэщхьэщыкIыныгъэхэр зэрызэпалъыт Iэмэпсымэхэр зыIыгъ студентхэр. Псори ауэ къэгъэнауэ, къалэдэсхэмкIэ сэбэпышхуэщ пщIащэ къыпидзэгъуэм и жьы къабзэмкIэ бэуэн къудейр.

ШЭРЭДЖ Дисэ.
Поделиться: