Дэтхэнэ зы махуэри къагъэсэбэп

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэщыхъуэхэм иджыпсту щыщIэдзауэ зыхуагъэхьэзыр Iэщыр гъэмахуэ хъупIэхэм зэрашэным. 
Накъыгъэ - мэкъуауэгъуэ мазэхэм яублэ а Iуэхум ирихьэлIэу ди мэкъумэш IэнатIэхэм, Iэщ  гъэхъуным елэжь  уней хозяйствэхэм хъупIэм яшэну Iэщышхуэхэр, мэл, шы гуартэхэр къыхах.
А лъэхъэнэм нэмысу, республикэм и Ветеринар IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм и дохутырхэм  Iэщхэм я узыншагъэр зыхуэдэр къапщытэ, эпизоотикэ вакцинэхэр зыхуэщIыпхъэхэр ягъэбелджылы.
Iэщхэр гъэмахуэ хъупIэхэм зэрыщыIэну зэманым абыхэм якIэлъыплъынущ Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI Iэщыхъуэхэмрэ ветеринар IэнатIэм и лэжьакIуэхэмрэ. Псом япэу зыхуей хуагъэзэнущ а IэщIагъэлIхэр гъэмахуэ псом зыщIэсыну унэхэмрэ Iэщхэр щаIыгъыну Iуэхэмрэ.
Мы зэманым а щIыпIэхэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм къадэкIуэу, хъупIэхэм екIуалIэ ток кIапсэхэр къапщытэ, гъуэгухэр зэIузэпэщ ящI. Дызэрыщыгъуазэщи, Iэщыхъуэхэр гъэмахъуэ хъупIэхэм (Аурсэнтх, Хьэмащэ, Шэрэдж щIыналъэм и бгылъэхэм)  фокIадэ мазэм и кIэм нэсыху щыIэнущ.
Къэбэрдей - Балъкъэрым Iэщ, джэдкъаз гъэхъуным елэжь и IуэхущIапIэхэм псоми зэхэту Iэщышхуэу мин 200 - м нэхърэ нэхъыбэ (абы щыщу 139 - м щIигъур жэм къашщ), мэлрэ бжэну мин 410 - рэ, джэдкъазу мелуани 4 - м щIигъу яIэщ. 
 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: