Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хьэх Сэфарбий Хьид и къуэр къызэралъхурэ илъэс 85-рэ щрикъум ирихьэлIэу, абы «Си хъуреягъкIэ» зыфIища и тхыгъэ кIэщI цIыкIухэм щыщ тыдодзэ

*  *  *
Си псэр пыхуу сешарэ адэкIэ схузэфIэмыкIыжIауэ сыщызэщIэтIысыкIым, мы дунеягъэм щызгъэвари иджыпсту щызгъэври зы схуэхъужри, мы гупсысэр псом я гущIыIу къысфIэкIуащ: «Яхузэрымыгъэгъуэт зы фIыгъуэ бэлыхь гуэру щытамэ, мы дунейр сэ напафэкIэ сагъэлъагъунтэкъым!»
*  *  *
«АбыкIэ укIуэну ухуиткъым!» - жаIэ щхьэкIэ къимыгъанэу, макIуэ делэр, ищIэну зыхуимытыр ещIэ икIи къыхуогъу.
Апхуэдэ дыдэу здэкIуэну хуимытым макIуэ ищIэну зыхуимытыр ещIэ къулейми икIи къыхуогъу.
Делэрэ къулейрэ закон яIэкъым!
*  *  *
Хуабжьу сешауэ иужькIэ тIэкIуи сеIубыжауэ, лэжьапIэм сиджэдыкIыжырт зы пщыхьэщхьэ. Си щхьэр фIэлэлу сыздэкIуэжым, джэду гужьеям си гъуэгур зэпиупщIри, ауэ щыт жыгышхуэм шэ цIывауэ дэжеящ. Асыхьэтым мы дунейжьыр зэрыщыту зыIуригъэлъэдэным хуэдэу, зы хьэ гъумыщIэ къыкIэлъос. Ар джэдум лъэIэсыным зы джэдуукIэ хуэдизщ иIэжар!.
Хьэр жыг щхьэкIэм пысым худэплъейрт, и нэр къихуу. Зэпкъритхъынт, къыIэрыхьатэмэ. Ауэ къыIэрыхьэртэкъым, икIи къыIэрыхьэнутэкъым. Сыт ищIэнт, щытщ-щытри, IукIыжащ. 
Сыуври, мо тIэкIуи утхъуа си щхьэм Iэджи щызекIуэу, Iэджэрэ сегупсысыжащ IукIыжа хьэми, жыгым тес джэдуми, сэ езым си Iуэху зыIутми…
А джэдум и жыгым хуэдэ гуэр сиIащэрэт!
*  *  *
Зымахуэ зы цIыхубз къыщIыхьат си деж. Махуэ ныкъуэ дыпсэлъагъэнщ, зи щхьэфэ димыIэбаи къэнакъым. ЗгъэщIэгъуаращ: и щхьэгъусэри, и бынхэри, и гуащэри, и тхьэмадэри, и гъунэгъухэри, и лэжьэгъухэри, и ныбжьэгъухэри, ауэ и цIыхугъэ къудейхэм нэгъунэ псори фIыщ, дахэщ, губзыгъэщ, цIыху дыщэ защIэщ ихъуреягъыр.
Сэ абы седэIуащ, седаIэури, моуэ сигу къэкIащ: «Мыр езыр нур кIапэщи аращ. Здынэмысым нэсыркъыми, зыхуэдэр ищIэркъым, здынэсым и нурыр тредзэри, зэщIопсэ, дахэ мэхъу, мэлыд налкъутналмэсу».
Нэхум кIыфI щыIэу ищIэркъым.
***
- Ныбжьэгъухэ, сэ си щхьэкIэ сигу ирохь мы тхылъыр, - жиIащ зым. – Ауэ бжыгъэ куэдыIуэ хэтщ. Абы зэраныгъэшхуэ къешэ… Уигу пхуиубыдэркъым узэджэр, занщIэу пщогъупщэж!
- Нобэ мы зи гугъу тщIы тхылъыр, шэч лъэпкъ хэмылъу, купщIафIэщ икIи щхьэпэщ, - къэпсэлъащ етIуанэр. – Ауэ, сэ ар зытхам сыхуэдамэ, а цIэ-унэцIэ къомыр нэхъ мащIэ сщIынти, езы цIыхухэм нэхъыбэу сатепсэлъыхьынт, я хьэл–щэнхэр къэзгъэлъагъуэнт!..
Апхуэдэурэ делэхэр тепсэлъыхьырт делэщым къащыIэрыхьа телефон тхылъым.
Делэр, сыт, делэщ, лIо абы, делэщми Iэджэ къыщохъу, жыфIэнщ. Ауэ абы нэхъыбэ хамыщIыкIрэ нэхъ акъылышхуи хамылъхьэу ди тхылъхэм тепсэлъыхьыр дапщэ!
*  *  *
Си щхьэцыр вындыкIэу фIыцIэрэ си гур уэсыщIэ къесауэ къабзэу, нэхутхьэху дахэу сыкъытехьат мы дунеижьым. Иджы си щхьэцыр уэсу хужьрэ, си гущхьэр фIамыщIу уфIыцIауэ сытекIыжынущ!
*  *  *
Мысхьуд тхьэмыщкIэ, и хьэдрыхэ фIы ухъу, и гъащIэ псор къулейсызу ихьащ: и къару щилъым и щхьэм илъакъым, и щхьэм къыщихьэм и къару илъыжтэкъым!
*  *  *
Зыхыхьа унагъуэр игу ирихь-иримыхьым щыщIэупщIэм, зэрашэрэ куэд мыщIа пхъум лъэкIакъым игу къеуэ тIэкIур и анэм щибзыщIын.
- Псори хъарзынэт,- жиIащ абы. – Зы закъуэр мыхъужамэ… Уи фIэщ зэрыхъун, сазэрыхыхьэрэ зы пщэдджыжь напэIэлъэщI гъущэкIэ зыслъэщIыну къысхуихуакъым, зытхьэщIыпIэм фIэлъыр сыт щыгъуи псыфу срохьэлIэ!
- Ар дагъуэкъым, - къэпсэлъащ псори зэхэсу адэр. – Жьыуэ къэтэджи, напэIэлъэщIыр гъущэу щытынущ.
*  *  *
Пхъашэт, ткIийт зи гугъу сщIыр. И Iэри и жьэри джатэт. Зы мащIэри фIэгъэнапIэ ищIырти, къайгъэ къиIэтырт, цIыхум яхэзагъэртэкъым, Iузагъэртэкъым лэжьапIэ, дэтхэнэри и дауэгъу зауэгъут.
-Сэ иджы зыми гукъанэ хуэсщIыжыркъым, псоми псори яхузогъэгъу, - жиIащ зымахуэ а лIым, и щхьэ тхъуар ирихьэхри.
Абы мыр сигу къигъэкIащ: цIыхур ерууншэу, гуапэу, щабэу дунейм къытохьэ. ИужькIэ Iэджэм Iэджэуи захъуэж. Ауэ жьы щыхъум, псори тосабырэж, мэхъу IэтIэлъатIэ – щIым езым къызэрыхэкIам хуэдэу фIэкIа къищтэж къыщIэкIынкъым. Бахъэу къыхэкIар мыл кIанэу къыщытехуэж щыIэщ, ауэ ари мыткIуауэ зыхигъэхьэжыркъым.
*  *  *
ЛэжьапIэ пэшыр зэлъыIузыхыр зэрахъуэкIат. Си жагъуэ хъуакъым – плIанэпэм дэт пхъэнкIийлъэм тхылъымпIэжь сыт издзэIамэ, ирихырти, абдеж щиухырт а IукIыжам и къалэныр. Мыр хуабжьу егугъурт. КъыпхуэцIыхужынтэкъым си пэшыр, апхуэдизкIэ къабзэ хъуати. Сызытес шэнтым и лъакъуэхэм къыщыщIэдзауэ, бжэ – щхьэгъубжи стIолыщхьи зылъэмыIэс къигъанэртэкъым. ЗэщIэлъэсат, зэщIэлъэщIат, зэщIэпхъэнкIат, унащхьэ нэгъунэ зэдэкIуэу, псори.
МахуитI- щы дэкIри, гу лъыптэ хъуащ а зэлъыIухакIуэм и лэжьыгъэм зэрыкIэригъэхуам. Аргуэру махуит-щы дэкIыжри, сабэм, фIейм, пхъэнкIийм сыкърихьэлIэ хъуащ. ЛIот къэхъуар? Зыри…
ЩIэуэ къэува лэжьыкIуэр и лэжьыгъэм есауэ арат!
 
*  *  *
  ЛIар щыщIалъхьэкIэ, адыгэ цIыхубз кхъэм кIуэ и хабзэтэкъым-тIэ. ИужькIэщ ар щыкIуэри абы и кхъащхьэр щилъагъури.
Зы фыз апхуэдэу кIуат жи, кхъэм и лIыр щIалъхьэри, зэман дэкIыжауэ. Ар и щхьэгъусэ япэ ищам и кхъащхьэм тет сыным мыпхуэдэу тетхауэ ирихьэлIащ.
«Ыы, уи фIэщ хъуртэкъыми, сысымаджэщ щыжысIэм!»
*  *  *
 ГъэщIэгъуэнщ тхэн щIэзыдзэ щIалэгъуалэм уакIэлъыплъыну. ЯпэщIыкIэ псори ягу ирихьу, яфIэдурдылу къожьэ. ИтIанэ, я тхыгъэхэр газетхэм, журналхэм къытрадзэу, тхылъ цIыкIу зырыз – тIурытI къыхудагъэкIа нэужь, зы бэлыхь гуэру закъыщохъужри, батэр ягъэша я фIэщIыжу къоув, нэхъыжьхэм ятхари ятхри зыри мыхъуу жаIэу.
ИужькIэ, щхьэж и кIапсэм къикъузынур зыхуэдизыр къагуроIуэжри, зызэтраубыдэж: хэт хузэфIэкI ищIэу пещэ и литературэ лэжьыгъэм, хэти и гур хьэщыкъ зыхуэхъуауэ щыта Iуэхум и фIыгъэкIэ игъуэта лэжьапIэ IэнатIэм къыпэронэж, зэгуэр усэ, рассказ сытхэр итхыу щыщыта зэманыр щыгъупщэжауэ.
Поделиться: