Жыджэру хэтщХабзэ хъуауэ, ди къэралым и щIалэгъуалэр дапщэщи жыджэру хэтщ «Донор ныбжьыщIэм и махуэ» дунейпсо псапащIэ акцэм. 2011 гъэ лъандэрэ къыхалъхьауэ екIуэкI а Iуэхугъуэм мы махуэхэм ди республикэми зыщиубгъуащ. Хуэныкъуэхэм папщIэ лъы ятыну хьэзыру къэуващ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и студентхэм ящыщ куэд. - Дэ къызэрытщыхъумкIэ, цIыхухэр зэрыхъукIэ зэдэIэпыкъужу, зыр адрейм сэбэп зэрыхуэхъуным хущIэкъуу щытын хуейщ. Абы хуэгъэпсащ дызыхэт Iуэхур, - жеIэ университетым и социально-гуманитар институтым и студсоветым и пашэ Хуторская Елизаветэ. - Сэ япэу стыуэ аращ лъы, абы къыхэкIыуи тIэкIу согузавэ. ИтIани, ар зи узыншагъэр къэтIэсхъауэ а дэ ттыну лъым хуэныкъуэхэм яхуэтщIэфыну зэрыщытым сригушхуэу Iуэхум сыхэтщ.
Поделиться:
Читать также:
13.02.2026 - 16:35 →
ЩIэблэм нэхъапэ щыIэкъым
13.02.2026 - 12:55 →
ГъащIэ щыIамэ арат
12.02.2026 - 18:39 →
Гъуэгу лэжьыгъэхэр
12.02.2026 - 12:26 →
Радиом и Iэмалхэр
12.02.2026 - 11:11 →
ЗэгурыIуэныгъэр япэ ирагъэщу
| ||





