Нэна

Хьэблэ сабийм я джэгупIэщ Нэна и пщIантIэр. Алэрыбгъу иубгъуа хуэдэ удзыпцIэ дахэщ ар, кхъужьеишхуитIи дэтщ. Езы нэнаи ищIэу фIэщщIыгъуейщ къуабэбжьабэ хъужу лъагэу дэкIея а жыгхэм я ныбжьыр. Зым пасэу къыхэхъукIын щIедзэ. Сыхъэр къыдихыу абы къыпыху кхъужь данагъуэхэм ящыщу зы кхъужьыщхьэ Нэна еIэбыхыу къыщIихыркъым - нэху къызэрекIыу и пщIантIэм къыщызэхуэсыну сабийхэм япегъаплъэ. Ешыху ахэр джэгуа нэужь, жьэгу мафIэкIэ игъэжьа щIакхъуэ тебэшхуэ къахущIихынщи, бахъэр къыщхьэщихыу яIэщIилъхьэнщ, жьэгупщэм щигъэгъу кхъуей плъыжьым щыщ тыкъыр зырыз щIыгъуу. Зэм шэ щIэгъэпщтхьар, зэми пIэрэпIэщэжу тхъукIэ игъэжьа лэкъумыр - хьэблэ ехым ялъэIэсырт Нэна и ерыскъыр. 
Си ныбжьым сытоукIытыхь жиIэрти, куэбжэпэм къэсуи плъагъунутэкъым ар. Ди нанэ, унагъуэ Iуэхум къыдэхуэу, Нэна деж уэршэракIуэ щекIуэкI зэзэмызэм, сыщыздиши щыIэт. Сысабий пэтми, а тIум я псалъэмакъым зы дэзмыгъэхуу седаIуэрт сэри. Абыхэм щыщу сигу къинэжащ мы хъыбарыр.
Хъаний (арат Нэна и цIэ дыдэр) и ныбжьыр илъэс пщыкIутху фIэкIа мыхъуауэ унэидзыхьэу къахьат. Кэнжэ жылэм щыщ хъыджэбз цIыкIур «набдзэ зытелъым я нэхъ дахэщ» жыхуаIэхэм хуэдэти, зейхэри тегужьеикIат. Махуэ гуэрым ар Дохъушыкъуей, Къудащхэ я хьэгъуэлIыгъуэм къыздашащ зейхэм. Джэгум зи япэ хыхьэ пщащэм игу Iэджэ щыщIэнтэкъэ… ХуэфIыпсу хурагъэда адыгэ фащэ дахэр къыщылындыкIыу ар шыгу зэщIэщIам ирагъэтIысхьэри, гъуэгу къытеуващ. Хьэкъущыкъу къутэным хуэдэу кърашэжьа хъыджэбз цIыкIум илъагъу псори фIэгъэщIэгъуэнт. Ущу къакIуэ щолэхъухэр щIэх дыдэу Къудащхэ нэсащ. Шэрэджыжь хуеплъыхыу нэпкъ лъагэ джафэм теукъуэдия пщIантIэшхуэр шыщхьэ зэфIэдзэт; абыхэм а махуэм къахуепсыхат Мэзкуу къикIа хьэщIэ лъапIэхэр. Ар Къудащхэ япхъу нысэ зыхуэхъуа, Урысей псом щыцIэрыIуэ Морозовхэ я унагъуэрт. Хъаний и адэ-анэр Iэтауэ ирагъэблэгъащ бысымхэм. Жыжьэ къикIа хьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ зрагъэцIыхури, щхьэж хуэфащэ тIысыпIэ иратащ. Хъанийрэ и дэлъхумрэ зыхаша щIалэгъуалэ гупышхуэр нэжэгужэу зэхэтт. Мо пщащэ тхьэIухудыр щыхашэм, псори щым хъуащ…
 Джэгуэр яублауэ здекIуэкIым, абы нэ кърищащ Жанхъуэтхьэблэм щыщ зы щIалэ, а жэщ дыдэми абы Хъанийр джэгум яхипхъуэтри ежьэжащ.
Мыдрейхэми, сыт ящIэнт, пхъэрыр кIэлъаутIыпщащ. Ахэр зы шы зичыгъуэкIэ Жанхъуэтхьэблэм нэсри, нысащIэр здрахьэлIа унагъуэм ятеуащ. ЛъэкIыныгъэ зиIэ уэркъыжь унагъуэри бэлэрыгъынухэм ящыщтэкъым. Ахэри пщIантIэшхуэм щиувыкIауэ щызэхэтт, мобыхэм къапэплъэу. НысащIэм и дэлъхур япэу илъри, бжэблыпкъыр дамэпкъкIэ здыхихыу, и шыпхъур щаIыгъ унэмкIэ иунэтIащ. Къэхъуари къэщIари къыгурыIуэну хунэмысарэ, гужьеяуэ унэ плIанэпэ зэвым зыдэзыудыгъуа хъыджэбз цIыкIур щилъагъум, дэлъхур куэдрэ емылIалIэу ар къыщIипхъуэтыжащ. КIэщIкIэ абыхэм я лъэмбым иту къадыщIэкIа щIалэжьым игу ирилъхьар хэтыт зыщIэр?... НысащIэм и дэлъхум и щIыб къызэригъазэу, хьэ щэхурыпхъуэу, къамэмкIэ къепыджри зигъэбзэхыжащ. Iуэхур зэуэзэпсэт. Утыкум илъ хьэдэм зытриубгъуауэ хъыджэбз цIыкIур мэгуIэ. Хэт къеуами, дауэ хъуами зыми ищIэркъым: цIыхур бжьэ фIыцIэт, жэщыр кIыфIт. ЩIалэ тхьэмыщкIэм и хьэдэр зэрагъэзэхуэжщ, Хъаний дахэри псалъэ къыпамыдзу къыздащтэжри, пхъэрыр я гъуэгу теувэжащ.
 Сэ къысхуэмыгъэсу сыпэплъэрт адэкIэ къэхъуам. АрщхьэкIэ Нэна пIащIэртэкъым. И нэпс къыфIежэбзэха тIэкIур зэпилъэщIыхьыжри тIысыжауэ щыст, хэплъэу. Сытыт блэкIа зэманым къигъэна нэпкъыжьэ хьэлъэм хухэхынури хухэлъхьэнури…
Шу гупыр я жылэжь нэсыжа къудейуэ, нысащIэр къызытрахыжахэр я кIэм иту къакIэлъысащ. Аргуэрыжьти, етIуанэ хьэргъэшыргъэшхуэм щIидзащ. Апхуэдэ Iуэхухэр зэриух щIыкIэм фIыуэ щыгъуазэ унэгуащэм унафэ ещI, Хъаний гъунэгъум шыгъуэгу хадэкIэ ирашэкIыу, абы щагъэпщкIуну. Дурэш-плIэрэш къагъэнакъым къэкIуахэм. Мо цырыц ящIа унэм щыщIэкIыжым, зы бзаджэ гурым и нэр тохуэ, дахэу зэлъыIухауэ щыт гъуэлъыпIэшхуэм. Гурыщхъуэ уэзыгъэщI лъэпкъ гъуэлъыпIэм кIэрылътэкъым: къазыц щхьэнтэ бырыбхэр тIурытI -щырыщу зэтегъэтIысхьат, щхьэнтэ тхьэкIумэ бгъуфIэхэр зэтешэрашэу. Щащыху нэхутхьэхур апхуэдизкIэ джафэу иубгъуати, цIыхуIэ еIусауэ пщIэртэкъым. А псор илъагъу пэтми, лъыхъуакIуэр «памэрт», ихъуреягъыр хуит зыхуащIа щакIуэхьэу-къигъуэтащ. Хъаний гъущI сеткIэ хъарым, и гущIыIур егъэзыхауэ кIыхьу трагъэгъуалъхьэри, пIэр тращIыхьыжат, хэлъ Iауэ гу зэрылъыптэн дунейм темыту. Хъаний арыншами Iэпсыгъуэ - лъэпсыгъуэ цIыкIут, къауц дытам къыхэщыххэнутэкъым. Унагъуэри, гъунэгъухэри якIэрыщIауэ тхьэмыщкIэр етIуанэу шыплIэм дадзэри, къакIэлъысахэр зэрыдэхыжащ. Арат Iуэхур зэрыхъур. ЕтIуанэу абы укIэлъыкIуэу аргуэру къатепхыжыным кърикIуэнур къаугъэ мыухт. ЩIалэр зыIэщIэукIар лъэпкъым щыщтэкъым. Ар къалъытэри, лъэныкъуитIыр зэкIужын хуей хъуащ, Хъаний зыхьам къыхуэнэну нэхъыжьхэм унафэ тращIыхьри.
 Революцэр къэхъейуэ, властыщIэр ува нэужьи, Нэна и Iуэхур нэхъыфIакъым. Лъэпкъхэр щагъэкIуэд лъэхъэнэм и щхьэгъусэр хэхуэри, фызабэу къэнащ, хъыджэбз цIыкIуитIи иIэу. Колхозхэр зэхыхьэу хуежьат. Зи цIэ жаIэ лъэпкъ къыхэкIа цIыхубзымкIэ иджыт дуней хьэзабым щыщIидзэр. Жэщ-махуэ имыIэу а тхьэмыщкIэм бжэри щхьэгъубжэри къытракъутэрт властым хуитыныгъэ псори зритахэм. Апхуэдэу куэдрэ екIуэкIыну къыщIэкIынт, зы Iуэху къэмыхъуатэмэ.
Хъаний къылъыхъужащ зы къуажэдэс лIыжь. Абы и нитIми ялъагъуртэкъым. Абы щхьэкIи къэмынэу, ар КъуэкIыпIэ Гъунэгъум кIуэри, абы дин щIэныгъэ куу щызригъэгъуэтауэ апхуэдэт, и IэзагъкIэ ЦутIэ пэхъун щыIэкъым хужаIэу. Жанхъуэтхьэблэшхуэм ар къэзымыцIыхурэ абы къыфIэмылIыкIрэ дэстэкъым. ЦутIэ Хъаний пэмыжыжьэу псэурти, зи закъуэу къэна цIыхубз тхьэмыщкIэм и Iуэху зыIут псоми фIыуэ щыгъуазэт. ИщIэрт ар куэдкIэ зэрынэхъыщIэри, нэгъуэщI унагъуэ иухуэжыну зэримылъэдэкъэщыкIри. Къилъыхъуэр лей зытехьа фызабэм зэрыдэIэпыкъун Iэмалт. Ар къызыгурыIуа Хъаний псалъэ химылъхьэу къыщIэупщIа лIыжьым дэкIуэжащ. 
Абы лъандэрэ псы куэд ежэхащ. Нэна и бынхэм я быныжхэми кIэлъыплъыжыну хунэсащ. Япэу зыхэса лъэпкъымрэ иужькIэ игъуэтыжамрэ я зэхуакум дэсрэ, лъэпкъитIми фIы дыдэу ялъагъуу илъэсищэм нэсыхукIэ псэуащ. БлэкIа зэман жыжьэм и жьауэу Хъаний къыдекIуэкIар и пщIантIэкум ит икIи псори зылъэгъуа а кхъужьеишхуитIырт. 

 

ЛЪОСТЭН Музэ.
Поделиться: