Лъэмыжым йолэжьБахъсэн щIыналъэ «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ Iуэхум къыщыгъэлъэгъуахэр ягъэзэщIэным ипкъ иткIэ, мы зэманым иужь ихьащ Прохладнэ-Iуащхьэмахуэ автомобиль гъуэгум хиубыдэу Бахъсэныпс зэрызэпрыкI лъэмыжыр зэгъэпэщыжыным. Километр къызэщIэзыубыдэ щIыпIэм зэпещIэ Дыгулыбгъуей къуажэмрэ Бахъсэн къалэ округымрэ. Апхуэдэуи а гъуэгур къагъэсэбэп республикэм и щыхьэрым кIуэ машинэ куэдым. Иджыпсту гъуэгум и лэжьакIуэхэр зи ужь итыр лъэмыжым и зэпылъыпIэхэр зыхуей хуэгъэзэжынырщ, нэхъ быдэу, шынагъуэншэу щытын хуэдэу. «ЗэпылъыпIэхэм мыхьэнэшхуэ иIэщ лъэмыжхэр щаухуэкIэ. Ухуэныгъэр и пIэм имыкIыу нэхъыбэрэ щытыныр ахэращ зэлъытар», - къыхегъэщ Iуэхум елэжьхэм я куратор Агаев Марат. Мы зэманым лъэмыжым бетон трагъэжыхьащ, гъуэгубгъухэр IуащIыхьащ, лъэс зекIуапIэхэм асфальт тралъхьащ, къэзыгъэнэху Iэмэпсымэхэри зэрахъуэкIащ. АдэкIэ IэщIагъэлIхэм асфалътыр тIууащIэу тралъхьэнущ, гъуэгу дамыгъэхэр фIадзэнущ. Iуэхухэр псори гъэмахуэм зэфIагъэкIыну я мурадщ. КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.
Поделиться:
Читать также:
09.08.2026 - 11:18 →
АдыгэщIым и макъыр зэхыдох
09.08.2026 - 09:58 →
Темыркъаным и пшыхьхэр
08.08.2026 - 13:41 →
Жылагъуэ транспортым къыхохъуэ
08.08.2026 - 12:26 →
ЗэрагъэзащIэм кIэлъоплъ
08.08.2026 - 11:31 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
| ||




