ЩхьэдэхыпIэ

Зорин Валентин

(Повестым щыщ пычыгъуэ)

Журналист цIэрыIуэ, жылагъуэ обозревателу Урысейм и къэраль телевиденэм илъэс куэдкIэ щылэжьа Зорин Валентин «ЩхьэдэхыпIэ» зыфIища и повестыр зытеухуа хыдзэм и адмирал Серебряков Лазарь Кавказ зауэр къезыхьэлIа кхъухьтетхэм яхэтащ, ауэ абы и цIэр куэдрэ къызэрырамыIуэным, уеблэмэ зэращыгъупщэным хущIэкъуащ урыс пащтыхьым и блыгущIэтхэри а зэманым хы флотым бжьыпэр щызыIыгъа прибалтикэ къулыкъущIэхэри.
 - Абы щхьэусыгъуэу иIар ар Кавказым къызэрыщалъхуамрэ ермэлы лъэпкъым къызэрыхэкIамрэт. ЛIыгъэшхуэ зыхэлъа адмиралыр Кавказым, Константинополь щрагъэкIуэкIа зауэхэм къыщагъэсэбэпу, иужьым и цIи, и щхьи кърамыIуэу Адмиралтейств - советым щIагъэтIысхьэжынри арат къызыхэкIар. Хы дзэпщхэм яхэтакъым лей зраха бгырысхэр (псом хуэмыдэу шэрджэсхэр) абы хуэдэу къызыгурыIуарэ абыхэм защIэзыгъэкъуарэ.
 Исаков Иван,
Совет Союзым и адмирал

Хы ФIыцIэ Iуфэм екIуэкI быдапIэхэр зи IэмыщIэм илъ вице-адмирал, щихъхэу Георгий, Станислав, Владимир, Аннэ, Невский Александр, а псом я щIыIужкIэ Бгъэ Хужьым я орденхэр зезыхьэ Серебряков Лазарь IэщIэлъ письмор тIуащIэу зэкIуэцIилъхьэри, бгъэгущталъэм ирилъхьащ. Махуэ зыбжанэ хъуауэ и нэзэрыхъэм къыхигъэзыхьырт ар, зыхуихьынури имыщIэу; мы гъэм и щэкIуэгъуэ мазэр, имыхабзэу, дыгъэпс хуабэу екIуэкIырт, ауэ и узыр нэхъ зытрилъхьэр нэм къытехьэлъэу тепщIыпщIыкI хыпс уэмымрэ шыгу зэщIэщIахэм яужьым иту кIуэ сэлэтхэм я шырыкъу хьэлъэхэмкIэ щIым хаубэ удз цIынэм и мэ гуащIэмрэт. Абы къыхыхьэжат жьы кIапэ къыщемыпщэ дуней уэмыр.
Уафэгъуагъуэ уэшхыр къызэрыIэгъуэр игъэпщкIуну хэту, къуршыщхьэм щыумамэ уалэ зэкъуэтIакъуэхэр нэр щисыкIыу щIыхупст. 
-Топхэмрэ адрей дызыхуеинухэмрэ «Таганрог» кхъухьым игъэзэгъэныр зэфIэкIащ. Iуфэм къыщынар дзэм хэтхэм я унагъуэ зыбжанэщ. Ахэр накIуэркъым.
-Сыт «къыщынащ» жыхуэпIэр? НэмыкIуэну ара?
-Ардыдэрщ, зи щIыхьыр ин, нэкIуэну хуейкъым – Iэщхэр, джэдкъазхэр яIэщ. Я фIэщи хъуркъым Урысейм мы щIыхэр IэщIэкIынкIэ хъуну. ЗалымыгъэкIэ къигъэтIысхьэн хуеймэ,… дгъэзэщIэнщ!-Серебряковым и пащхьэм, жыпкъым хуэдэу, къиуващ зи къалэныр зыгъэзэщIа поручик щIалэщIэр.
-Къэнэныр нэхъ къыщыхахкIэ, хэвмыгъэзыхь. Ахэр зытешыныхьыр нэхъ пэжми тщIэркъым. Уэ къызыщумыгъэгъупщэ, уи фурашкIэ щIагъым, щхьэщыгум хуэзэу, бэлътоку псыф кIэщIэплъхьэну - дыгъэр гуащIэщ. Ар зыжриIа поручикым, фIыщIэ псалъэ къудейр фIэмэщIэжа - хабзэм тету адмиралым аргуэру щIыхь иритыжащ.
-Сажнищэ хуэдизкIэ хы Iуфэм пэIэщIэ хъуа кхъухьыр папщэжу кIуэрт, къытепщIыпщIэ дыгъэ бзийм абы хьэлъагъыу бгъэдэлъ псори игъэпщкIуарэ, хы щхьэфэм еIусэу къыпхуэмыщIэу. Хым и даущым къыхэIукIыр офицерхэм я зэпэджэ макъырт. Кхъухьым здиунэтIа «Тенгинскэ» быдапIэр зыхуэзэр уэх щIыIэпсу екIуэкIырт, зыр зым егъэкъупауэ абы щызэхэт бгъэныщхьэ унэжь цIыкIухэр, куэбжэ дыхьэпIэхэм щызэбгрыдза гу шэрхъхэмрэ гудзэ икъухьахэмрэ, лыдыжу зэщIэлъыкIа белхэр щыплъагъукIэ, гукъыдэжыр нэхъри ирагъэхуэхыу.
БыдапIэхэр и чэзум зыхуей хуэзэу яухуатэмэ, иджы зы фортыр адрейм иужьым иту къытрачу, Анапэрэ Новороссийскрэ, Бомборрэ Раевскэм и фортымрэ я зэхуакум дэту Кавказым и хы Iуфэхэр апхуэдизрэ зэпачын хуей хъунутэкъым. Иджы сыт ар жыпIэкIэ - кIасэщ…
 Апхуэдэ и щыуагъэхэм ухутепсэлъыхьыну Бытырбыху хуейкъым икIи къызэрыпхуигъэгъун щыIэкъым.
-Уи чэнджэщ Iущхэр лъэныкъуэкIэ егъэкIуэтэкIи, унафэр гъэзащIэ! - аращ Iуэху щытыкIэм теухуа и иужьрей рапортым Константиныпщ генерал - адмиралым жэуапу къритар. Лазарь хьэкъыу пхыкIат хы ФIыцIэ Iуфэм щыIэ щытыкIэм куэд зэримыхьыжынур. АфIэкIа хэмылъу бийм и IэмыщIэм а щIыр иралъхьэн щхьэкIэтэкъым апхуэдиз быдапIэр щIаухуар, апхуэдиз кIакхъур щIыщIачар, сэлэт кхъащхьэхэм къащIыхэхъуэр…
Фэ зытебза нэрыплъэр къищтэри, ихъуреягъыр къиплъыхьащ: гъуэжьыфэ къызыщIыхьэ къухьэпIэ гъуэзым къыхэщащ къэзыунэтIауэ къахуэкIуэ Iугъуэ пакIитIыр. Шэч хэлътэкъым бийм и транспорт зэщIэгъэуIуар лъэныкъуэ псомкIи къатIысыхьа Севастополь зэрыхуэкIуэм. Къызэхуэса сэлэтхэр дыхьэпIэм щиувыкIащ. Ахэр зыщIигъуу Серебряковыр Вельяминовым и дзэм икIэщIыпIэкIэ ялъэIэсын хуейт, сэлэт ротэмрэ щэ ныкъуэ хуэдиз хъу къэзакъхэмрэ псынщIэу IуагъэIэпхъукIын хуэдэу. Фельдфебелыр сатыру щыт сэлэтхэм, и макъ итхъунщIыкIамкIэ яхэгуоухьырт, къэзакъхэми я макъ жьгъырухэр зэхэпхыу, хэти и шы ныбэпхыр зэщIикъузэрт, хэти зи сокухэр елъэщIэкIа шы хэщIыхьахэм шэсауэ иуджыкIырт, тутын Iугъуэ пихыр къащхьэщыту адэкIи щызэхэтт зы гуп. Ротэм и писырыр къриджащ Серебряковым…
 Дыгъэ бзийр и нитIым къатехьэлъапэу, абы зэпиплъыхьащ, Iуданэм хуэдэу уафэ джабэм щызэтепщIыкIа пшэ щIыху тхъахуэхэр, зригъэщхьымрэ щилъэгъуамрэ къыхуэмыгубзыгъыжу. Ахэр, нэр темыпыIэу пыкIэзызыкIыурэ, удзыпцIэ щхъуантIэм хэшыпсыхьырт.
- Уэшхышхуэ къешхынущ, - жиIащ къыIухьа поручикым, и натIэм къекIуа пщIэнтIэпсыр ирилъэщIэкIри. 
… Серебряковым къигубзыгъыжащ I836 гъэм зыхэта Кронштадт зекIуэр -Балтикэ флотым и «Пётр Великий» кхъухьыр и иужьрей увыIэпIэм щIыхь пылъу щагъэувыжыну хым щытраутIыпщхьар… уафэ джабэм къыщищIат мис иджыпсту илъагъу теплъэ дыдэр.
- Уэшхышхуэ къешхынущ, - жиIэгъат абы щыгъуи «Полтава» кхъухьым дэIэпыкъуэгъу пажэу щиIа Николай-етIуанэм. Серебряковым и нэгум зэуэ къыщIэувэжащ зи щхьэцыр гъуэплъ щIалэ нэкIущхьэплъыр… ЦIыхухэм къадекIуэкIыу къыщIэкIынщ, иджыпсту хуэдэу, гузэвэгъуэм щыхэт дакъикъэхэм деж, Iуэхум зыкIи щымыщ гуэрхэр макъкIэ къипсэлъыныр. Пэжу, а жэщым уафэгъуагъуэ уэшхышхуэ къешхат; зэпыу зимыIэ щыблэ къачэм и нурым къигъэнэху Кронштадт члисэм и щыгур уафэ зэщIэуфIыцIам лъоIэс жыпIэнт. Уэшхышхуэм игъэбэта хы тхъурымбэ уфафэхэм щхъуэ-фIеяфэ ядэхъуа псым иIыгъа бжьыфIагъэр зэуэ кIуэдат…
Ротэм и писырыр къыбгъэдэлъэдащ. ЩIалэщIэ пэ папцIэр, дэбгъуэн щымыIэу, зэщIэлъэщIат, зэрыжыIэщIэр и нэгум къищрэ, и къулыкъуми хуэфащэу.
- Къащтэт, къуэш, письмо стхын папщIэ сызыхуеинухэр,- хуеплъэкIащ Серебряков щIалэм, а нэ зытрища и щытыкIэ зэкIэлъыкIуэм тIэкIуи зэгуигъэпу - сэлэтхэм зэман яIэтэкъым апхуэдэу зыкIэлъыплъыжыну. ЩIалэм тIэкIу зрилъэфыхьамэ, и губжьыр трипIэну хьэзырт Лазарь. АрщхьэкIэ, апхуэдэ щхьэусыгъуэ къозытынухэм ящыщтэкъым адрейри -Серебряковым жиIэнум хунимыгъэсу IэщIилъхьащ тхылъымпIэр, шакъэр, зэгъэкIупауэ зэпха къабзий зыбжанэ.
- ДызэрыIукIым уригуфIэу къыщIэкIынщ, - ириIуэкIащ абы поручикым, къыIэщIалъхьа тхылъымпIэр фэ зытебза бэрэбанэм тригъэзагъэурэ.
- Хьэуэ, зи щIыхьыр ин, абы дыщIэгуфIэн хэлъкъым, си щхьэгъусэри къыщынэкIэ… ауэ щIэх къэдгъэзэжыну пIэрэ? - щIэупщIащ щIалэр, мащIэу къыхэпсчыкIри.
- ЩIэхыу, къуэш, щIэхыу, - иритыжащ жэуап, щIалэр зэрымыделэм, езыхэм хуэдэ дыдэу ар зэрыгупсысэм гу лъитарэ, нетIэ игукIэ жиIахэм хущIегъуэжауэ. IэщIэлъ тхылъымпIэ гъуэжьыфэм и нэр тенауэ зэпиплъыхьащ Серебряковым. Абы иритхэнур сыхьэтитI хъуауэ и тхьэкIумэм къыщызурт: «Си напэмрэ си къалэнымрэ сапэувыфынукъым, сызэрынолъэIури, пщэрылъ пщысщIри зыщ, си щIалэ - уи щхьэр хъумэ», -итхащ зэ къегъэжьэгъуэм, перор къытримыхыу.
- Иджы сэ си япэ уэ Керчь унэсынущ, - жиIэри, письмор адъютантым IэщIилъхьащ.
 Офицер щIалэм и нитIым къыщыхъуэпскIа гуфIэгъуэм зэуэ гу лъитащ Серебряков, ауэ зыкIи игъэкъуэншакъым; дауэ мыхъуми, «Таганрог» кхъухьым уису гъуэгуанэ зэпыпчыныр нэхъыфIт, зы быдапIэм уикIым, адрейм укIуэу, я кум уитын нэхърэ. Поручикым и фэр ирихырт а щIыпIэм хуэлъэ техьэгъуэм, ауэ абы щхьэкIи и къалэн игъэзэщIэн къанэртэкъым, тхьэусыхэуи зэи зэхихатэкъым.
- И Iэм IэщIэлъхьэ. Уи жэуаплыныгъэмкIэ а псалъэхэр зэрылейри къызгуроIуэ, поручик, ауэ цIыху къэс мы гъащIэм щиIэщ езым и щхьэдэхыпIэ… 
- КъызгурыIуащ, зи щIыхьыр ин, - щхьэщэ ищIри, поручикыр IукIыжащ.
 ЦIыху къэс езым и щхьэдэхыпIэ зэриIэр Серебряковым хьэкъ щыхъуат, илъэсищ ипэкIэ мы къызэрымыкIуэ зекIуэм щытегушхуам.
- Ар си щхьэм къихьэн щхьэкIэ, илъэс 60 къэспсэун, 42-кIэ кхъухьыдзэм къулыкъу къыщесхьэлIэн хуейт, - арат ар иджыпсту зэгупсысыр. И гъащIэ кIыхьым къриубыдэу гугъуехь защIэу зэхэт щхьэдэхыпIэ мащIи IущIатэкъым ар, я дэтхэнэри псом ящхьэу къыщыхъуу. КъыбгурымыIуэни хэлътэкъым абы: цIыхум и къэкIуэнур илъагъужу къигъэщIакъым…
- Сыту щхьэдэхыпIэ гугъущэт, мэкъуауэгъуэм и уэшх къежэхым хэту илъэс I8 фIэкIа мыхъуа щIалэ цIыкIур кхъухьыр зехуэнымкIэ Севастополь дэт классым и бжэIум къыщыщыхутар. УридэкIуеиным хуэдэу къешх уэшхым къыпиуда кIарц гъэгъа къудамэшхуэхэр гъуэгубгъухэм Iулът, IэфIымэ гуакIуэр къапихыу. Псы зыпхымыкI матрос щIыIутелъыр зэубгъуэкIа щIалэ лъапцIэрыщэ цIыкIум классым къыщIиха псы фIей пэгуныр Арцатогорцян Казар и пащхьэм кърикIащ. Мыдрейр ермэлыбзэкIэ хъущIэри, зэуэ къыIупкIащ, а къыжьэдэкIам ириукIытэжауэ. Дыхьэшхыу къеплъ щIалэжь цIыкIум и щхьэ упсар мащIэу къыфIэщIэщ, и пэ уэгу цIыкIур зэригъалъэри, зыхуэмыIыгъыу ину къепсащ. Абдеж къэдыхьэшхащ Казари.
- СлIо ущIэтхъэр? Тутын пIыгъ? - къеупщIащ щхьэцIур.
- ПIыгъIа? АтIэ зегъэхь адэ! ЕгъэджакIуэм укъилъагъумэ, узыр къуитынщ, хамэхэм мыбдежым щащIэн щыIэкъым.
- Сэ сыхамэкъым, - пхъашэу жэуап иритыжащ Арцатогорцян, - сэ мыбы сыщеджэнущ.
- Шэрджэсхэм уащыщкъэ?
- Сыермэлыщ.
У- ер – мэ - лы - уи? - игъэщIагъуэу щIэфиикIащ адрейр. Фи лъэпкъэгъу флотым хэту иджыри къэс срихьэлIакъым.

ЗэзыдзэкIар Лъостэн Музэщ.
Поделиться: