Псэущхьэхэм я дуней

Махъшэ

Махъшэр пшахъуэщIхэм, щIыпIэ хуабэхэм щопсэу. Ар икъукIэ бэшэчщ, сабырщ, жыIэдаIуэщ. Махъшэм и лъакъуэхэр инщ. АбыкIэ тыншу ар пшахъуэщIым щызокIуэ. Махъшэм пшахъуэщIым къыщыкI сыт хуэдэ удзри ешх. Махуэ зыбжанэкIэ псы емыфэми псэуфынущ. Махъшэр хуабэвэхми щIыIэ уаеми щышынэркъым. Махъшэм шэ Iув къыщIокI. Абы цы щабэ куэд къытрах. Махъшэм нэбжьыцу тIу иIэщи, жьы бзаджэ къепщэм нэр щахъумэ.

КIэпхъхэр

Уэздыгъей мэзышхуэм махуэ псом щоIэуэлъауэ еш зымыщIэ кIэпхъхэр. Ахэр зы къудамэм илъмэ, адрейм лъэурэ псей жыг лъагэхэм я щхьэкIэм нос. Зэм жыг лъэдийм кIэрыту щIым къожэхри, дэ цIыкIу зэхуахьэсри, ахэр жыг ку гъуанэхэм щагъэтIылъ.

Бжьыхьэм кIэпхъым и фэ гъуэплъыр джэдыгукIэ зэрехъуэкI.

КIэпхъым и шырхэр жыглыц щабэ зэрылъ жыг ку гъуанэхэм щапI. Гъуэ хуабэм ис шырхэм щIымахуэ щIыIэр зыуи зыхащIэркъым.

Цыжьбанэ шырхэр

Цыжьбанэ шырхэм, мастэм хуэдэу, банэ папцIэхэр щIэх къатекIэу хуожьэ. ТхьэмахуитI докIри, я дзэхэр къокI. А зэманым ирихьэлIэу а цIыкIухэм топым ещхьу зызэрагъэпщхьэф мэхъу. Цыжьбанэ шырхэм я нэхэр къызэрыпщIу, ахэр гъуэм къопщ, ауэ иджыри мэшынэхэри зым адрейм зрекъузылIэ.

Щалъхуа щIыпIэм цыжьбанэхэр куэдрэ щыболъагъу ахэр ин хъуа иужьи.

Къанжэр

Къанжэм  и жьэгъумрэ и ныбэгумрэ хужьщ, и щхьэри, и дамэри, и кIэри фIыцIэщ. Къанжэм и кIэр кIыхьщ, захуэщ, дахэ дыдэщ. Къанжэр зы щIыпIэм деж мамыру зэи щыскъым, тепыIэгъуэ имыIэу къелъэтыхь.

Къанжэр дахэ щхьэкIэ, дыгъуэрабзщ. ЩIыпIэ-щIыпIэхэр къыщилъэтыхькIэ, и нэ фIыцIэ цIыкIуитIым кърегъэжыхь, «сыт къысIэрыхьэну пIэрэ» жиIэ щIыкIэу.

Джэдэщым джэд макъ къызэрыщIэIукIыххэу, ар псынщIэу къос. Джэдэщым зыщIегъэмэракIуэри, джэдыкIэ кугъуэр кърефыкI. Къанжэр джэдкъаз шырхэми яхуэлъэщ.

Къанжэхэм абгъуэ быдэ яIэщ. Абыхэм я абгъуэр жыг дыкъуакIуэхэм лъагэу дащIыхь. Абгъуэм и хъуреягъыр банэщ. Банэ Iэмбатэм и кум абгъуэ щабэр иращIыхьыж. А абгъуэм шырхэр къыщраш. Куэд йощакIуэ къанжэ шырхэм, ауэ абыхэм зыри ялъэIэсыфыркъым.

Къанжэм теухуа хъыбару, таурыхъыу куэд щыIэщ. Къанжэр абыхэм къахощ къуалэбзу губзыгъэу.

Мэлей ФатIимэ.

Поделиться: