Лэжьыгъэм щIадзэжащ

КъБР-м щыIэ МВД-м Iэпхъуэшапхъуэ IуэхухэмкIэ и управленэм хъыбар фегъащIэ нэгъуэщI къэралхэм узэрыкIуэ хъу электрон паспортхэр тыныр мы гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м зэрызэтраублэжар.
Апхуэдэ дэфтэр къе1ызыхыну хуейхэм езыхэм зыхуагъазэ хъунущ Къэрал, щIыпIэ Iуэхутхьэбзэхэр зэфIэзых щIыналъэ къудамэм е электроннэ Iэмалыр къагъэсэбэпу Зыуэ щыт порталым хуагъэхьми зэфIэкIынущ.
Iэпхъуэшапхъуэ Iуэхухэм епха къэрал Iуэхутхьэбзэхэм, КъБР-м и МФЦ-м и IэнатIэхэм я телефонхэм, нэгъуэщIхэми щыгъуазэ зыщыфщIыфынущ КъБР-м щыIэ МВД-м и сайтым - «Оформление заграничного паспорта, содержащего электронный носитель информации» жыхуиIэм. 
КъБР-м щыIэ МВД-м и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: