Къумхэм я щэхур

         КъэкIыгъэ къулейхэмрэ къуршыпс уэрхэмрэ къадэкIуэу, Кавказым и зы плIанэпэм къум щIыпIэ къыщыунэхуныр дунейм и къэхъугъэ телъыджэхэм ящыщт. Ди тхыгъэр зытеухуа, Дагъыстэным и Сары-кум - «пшахъуэ гъуэжь» - къумыр гъэщIэгъуэныщэу щхъуантIагъэхэм я курыкупсэм итщ. А щIыпIэр хъумэн зэрыхуейр къалъытэри ар 1987 гъэм хагъэхьауэ щытащ а республикэм  и лъэпкъ заповедникым. Нобэ ар Кавказым и зыплъыхьыпIэхэм ящыщ зыщ, абы кIуэхэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ.

Гектар 576-рэ зи инагъ къумым къэкIыгъэ зэмылIэужьыгъуэу 350-м нэс къыщокI. Абыхэм яхэтщ  нэгъуэщI щIыпIэхэм узыщримыхьэлIэж куэд. Къумым  апхуэдэу узыщрихьэлIэ псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэ 250-м ящыщу 46-р Тхылъ Плъыжьым иратхащ. Псалъэм папщIэ, а щIыпIэм ущрохьэлIэ Урысейм щынэхъ ин, зи щхъухьыр псом нэхърэ нэхъ гуащIэу къалъытэ блэ гъуабжэм - гюрзам, скорпион къуэлэным, щхъухь зезыхьэ бэджхэм, зыми зэран яхуэмыхъу шындырхъуо цIыкIухэм. ГъэщIэгъуэныракъэ, а щIыпIэм дунеяплъэ кIуэхэмкIэ ахэр шынагъуэншэщ, сыту жыпIэмэ, заповедникым и кIыхьагъкIэ ирокIуэ гъущIымрэ пхъэмрэ къыхэщIыкIа турист лъэс лъагъуэр. Ар пшахъуэм къытеIэтыкIауэ яухуащ, ущызекIуэнуи тыншщ, ауэ, дауэ хъуми, сакъын зэрыхуейри дэтхэнэми къыгуроIуэ. Туристхэр  къумым ихьа нэужь, пшахъуэм хэту Iэгъуэблагъэм къыщакIухьи мэхъу.

Илъэсым къриубыдэу мазитхукIэ а щIыпIэм хуабэр градус 20-м нэхърэ нэхъ мащIэ щыхъуркъым, махуэм я нэхъ хуабэм ар градус 75-м щынэс щыIэщ, пшахъуэщI къэплъам пщтырагъыр зэрихъумэм къыхэкIыу.

Кавказым и къумыр къызэрыунэхуам теухуауэ щIэныгъэлIхэм Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ яIэщ. Абыхэм ящыщ зыщ  а щIыпIэр къэзыухъуреихь бгыхэм жьапщэм къыщрихьэжьэ пшахъуэр   илъэс мелуаным нэскIэ а зы утыкум зэрыщызэтрихьар. Сары-кум Европэм щынэхъ ин дыдэщ, Евразием етIуанэ увыпIэр щиIыгъщ. Мыбдежым къищтэр дуней псом щынэхъ ин къумхэм пыщIэныгъэ яхузимыIэ «барханхэрщ». «БарханкIэ» зэджэр, адрейхэм къащхьэщыкIыу, мазэ ныкъуэм и теплъэм ещхь пшахъуэ толъкъунхэр здэщыIэ щIыпIэхэрщ, я къуапитIыр жыжьэ къыщежьэрэ удэкIуеину тыншу, ауэ жьыбгъэ уапIэу щыт и курыкупсэр задэщ, укIэрымыхьэфу.

Дунейпсо щIэныгъэлIхэм куууэ яджын щIадзащ къумхэм яхъумэ щэхухэр. Псалъэм папщIэ, щIы хъурейм щынэхъ ин Сахарэ  метр зэбгъузэнатIэ 9065000-рэ мэхъу икIи ар и инагъкIэ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм къазэрыкIэрыху щыIэкъым. Абы къызэщIеубыдэ Мысырым, Ливием, Алжирым, Мароккэм, Суданым я гъунапкъэхэр. Къумхэр зэхуэдэкъым я теплъэкIи, я климат щытыкIэкIи.

 Нэхъапэм абыхэм я пщтырагъыр жьым и пщтырагъымкIэ къапщу щытамэ, иджы ар зытращIыхьыр пшахъуэщIым и щхьэфэм иIыгъыр зыхуэдизымкIэщ. АбыкIэ нобэ бжьыпэр яIыгъщ США-м и Соноре, Ираным и Деште-Лут къум жьэражьэхэм. Абыхэм я пщтырагъыр градус 80-м нос, я лъагагъыр метр 200 - 300 хъууэ аращ, ауэ Аргентинэм и Катамаркэ щIыналъэм хиубыдэ къумым и щыгур метр 1230-м щIегъу.

Къумхэм я пшахъуэ щыгухэр нэхъ лъагэху,  нэхъ щIыIэщ. Монголием и Гоби къумым щIыIэр градус 25-м щынос, уэсым щыщIиуфи щыIэщ, псом нэхърэ нэхъ щIыIэ къуму къалъытэр.

Шэрэдж Дисэ.

 

Поделиться: