Скульптурэм сыт къыджиIэр?

         «Победа» кинотеатрым и щхьэм тет скульптурэм сыт къыджиIэр?! УзэIэбэкIыжмэ, «Октябрьский» цIэр зи фIэщыгъэу щыта, Хэку зауэшхуэ нэужьым «Победа» зыфIаща кинотеатрым къикIуа тхыдэм дриплъэжынщ.

         Архитектор Къалмыкъ В. П. и проектымкIэ ар 1938 гъэм яухуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым нэмыцэхэр къыщытеуам зэхакъутахэм ари ящыщти, зауэр зэриухыу, зэрагъэпэщыжащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, нэхъапэм цIыху кIуапIэу, зыгъэпсэхупIэу щыта а кинотеатрым нобэ къыхэнэжар и IуплъапIэ къудейрщ. «Танцующая пара» скульптурэ ансамблыр зыщIар куэдрэ ябзыщIу къекIуэкIащ. Абы и щхьэусыгъуэм и гугъу тщIынщ.  

Скульптор, художник Водопьянов Дмитрий 1895 гъэм къалъхуащ. 30 гъэхэм и щхьэгъусэм и гъусэу ар Налшык къакIуэри, скульптор-художникыу щылэжьащ пединститутым. 1937 гъэм ягъэтIысри, щэкIуэгъуэм яукIащ. Ар зэрагъэкъуаншэ тхыгъэм мыпхуэдэу итщ: «1924 гъэм ар цIыхубэм я бий Троцкэм, Каменевым, нэгъуэщIхэм къащхьэщыжу, ахэр игъэзахуэу цIыхубэр къызэщIигъэстырт, хужьхэм я гъусэу щIэпхъуэжа и къуэш Антон пыщIэныгъэ хуиIэт, икIи СССР-м икIын мурад зиIэ и къуэшым игу илъыр ибзыщIат. 1928 гъэм къулыкъур къигъэнащ икIи ягъэтIысыху (1937 гъэм жэпуэгъуэм и 8 пщIондэ Лезвиев Михаил Василий и къуэм) Лезвиев унэцIэр зэрихьащ».

1961 гъэм мэлыжьыхьым и 11-м Водопьяновыр 1937 гъэм щэкIуэгъуэм и 19-м щIагъэтIысауэ щыта Iуэхур къаIэтыжри, Кавказ щIыб дзэ округым и дзэ трибуналыр хэплъэжащ икIи ар щIагъэкъуаншэм лъабжьэ имыIэу къилъытащ. «Танцующая пара» скульптурэр зи IэдакъэщIэкIыр, мыпсэужми, пцIы зытралъхьэу ягъэтIысахэм ящыщу къалъытащ.

Лъахэхутэхэу Котляровхэ Викторрэ Мариерэ.

 

Поделиться: