НОБЭМэкъуауэгъуэм и 8, махуэку Хыхэм я дунейпсо махуэщ Социальнэ лэжьакIуэм и махуэщ 1946 гъэм Журналистхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ. 1966 гъэм СССР-м къыщызэрагъэпэщащ Тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ я фэеплъхэр хъумэным хуэгъэпса зэгухьэныгъэр. 1955 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь и журналист, Урысей артиадэм и лауреат МахуэлI Хъаджэт. 1982 гъэм къалъхуащ Эверест къуршым тIэунейрэ дэкIа адыгэ бзылъхугъэ, КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мэз Каринэ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 22 - 24-рэ, жэщым градус 14 - 18 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Дунейр шэрхъщи, мэкIэрахъуэ.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:
Читать также:
27.09.2023 - 15:27 →
Туризмэм и махуэ
27.09.2023 - 13:55 →
НОБЭ
26.09.2023 - 09:00 →
НОБЭ
25.09.2023 - 12:42 →
НОБЭ
22.09.2023 - 14:14 →
НОБЭ
|