Лъэпкъ куэдым щапхъэ яхуэхъуат

Фащэр адыгэм къигупсыса, къыдэгъуэгурыкIуа щыгъынми, ар ди гъунэгъу щIыналъэ­хэм щыпсэу нэгъуэщI лъэпкъ­хэми къащтащ, езым я лъэпкъ нэщэнэ гуэрхэр халъхьэжу. Хамэ къэрал къикIа зыплъы­хьакIуэхэм ятхыжу щытащ адыгэ зыхуэпэкIэмрэ фащэм­рэ кавказ лъэпкъхэм щапхъэ зэрытрахар.

Ди адэжьхэм къагупсыса фащэ екIур къащтащ абазэхэми, азербайджанхэми, ермэ­лы­хэми, балъкъэрхэми, ­кур­жыхэми, ингушхэми, шэ­шэн­хэ­ми, осетинхэми, къэ­рэшей­хэ­ми, дагъыстэнхэми, къэ­­закъхэми. Ар нобэ махуэшхуэхэм, хьэгъуэлIыгъуэхэм деж, сценэм итхэм щатIагъэ щыгъыну къэнауэ арами, иджырей зэманым къезэгъыу абы зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр халъхьэу ирагъэдауэ, махуэ къэс щызытIагъэхэри мащIэкъым. 
Адыгэ фащэр цIыхухъум и къа­лэнхэр игъэзэщIэным хуэгъэпсауэ щытщ: тыншу уегъэ­Iэбэ, къыздумыхьэкIынкIэ Iэмал имыIэ хьэпшыпхэр пкIэрегъэзагъэ, зэман кIыхькIэ шыбгым уисыныр псынщIэ пщещI икIи, зауэм ухыхьэн хъумэ, уи теплъэм, уи емыкIу къыщIэ­щыным утемышыныхьу ап­хуэдэт. Абы и Iыхьэхэм хохьэ: езы цейр, гъуэншэджыр, джа­нэр, бгырыпхыр, щIакIуэр, щхьэ­рыпхъуэныр, лъейр.
Цейр нэм зыкъыщIэзымыдзэ фэхэм къыхащIыкIырт: морэ, фIыцIэ, щхъуэ хуэдэхэм. Хужь езыгъэдыну хуитыр пщыхэрат, ауэ адыгэпщхэр апхуэдизкIэ цIыху зэпIэзэрытхэти, IэщэкIэ мыхъумэ, цIыху къызэрыгуэкI­хэм фащэкIэ зыкъыхагъэщ­хьэхукIыртэкъым. 
 Цейм и лъабжьэ щIэлъ  джанэр Iэпкълъэпкъым хуэфIу, бгым иувэу ядырт. И кIыхьагъыр ар зыщыгъыр къызы­хэ­кIам елъытат: нэхъыбэм сантиметрий-пщIыкIэ лъэгуажьэм къы­дэIэбейуэ къагъэувыIэрт, дин лэжьакIуэхэм ящыгъыр ­нэхъ кIыхьт. Джанэр зыгъэдахэ Iыхьэхэм ящыщт пщэм и лъа­гагъкIэ, сантиметриплI-хыкIэ дэ­кIуей пщампIэ лъагэ дытар. Джанэр и гупэмкIэ и кIыхьагъкIэ щызэгуокI, и бгым нэс ар щIыIу цIыкIурэ щIыIунэ щхьэ­хуэхэмкIэ уопхэ, апхуэдэ ды­дэхэр Iэм хуэфIу да Iэщхьэм итщ. Джанэм бгъэ жып хуащI хабзэщ, зыфIэфIым бгым и щIагъкIи нэгъуэщI жып щIедэ.
ЩIалэ цIыкIум цейр япэ дыдэу хуадырт илъэсипщI-пщы­кIутI щыхъуам деж. Къыхэгъэщыпхъэщ адыгэ лъэпкъым къызэщIиубыдэ лIакъуэ 12-м дэтхэнэ зыми и цей дыкIэ зэ­риIэжар, къызыхэщIыкIа щэ­кIым къулейр нэхъ хуэмыщIам къыхигъэщыуи зэрыщытар. 
Хьэзырылъэхэр цейм хэмы­тынкIэ Iэмал зимыIэ Iыхьэщ. Ар цIыкIу-цIыкIуу зэпыщхьэхукIа жып гупщ, пхъэм е къупщхьэм къы­хэщIыкIауэ гынылъэ зырыз иIэжу. Гыныр къежьа нэужьщ ар цейм кIэрадэн щыщIадзар. Хьэзырхэр, нэхъ убгъуауэ жы­пIэ­мэ, «шэ хьэзырхэр», зэман лей имыгъэкIуэду шууейм и фочыр иузэ хъыбархэм жаIэр зэщхьэщокI, нэхъыбэр 8-мрэ 10-мрэ я зэхуакум (зы лъэны­къуэкIэ) къыщобжэ. Ауэ адыгэ­хэм зэпэмыбжыр нэхъ зэрафIэ­къабы­лым къыхэкIыу, блым е бгъум­ нэхъ трагъащIэ. Абы къикIыр - лъэныкъуитIри зэхэту пщы­кIуплI е пщыкIуий мэхъу.
Цейм къыпхугуэмыхын Iы­хьэу хэтщ абы щIэпха бгырып­хыр. Бгырыпхым сэшхуэр, кIэ­рахъуэр, къамэр, зэманым елъы­тауэ щыIэ нэгъуэщI Iэщэ­хэри кIэрагъэзагъэ. Къищынэ­мыщIауэ, фочым узэреIэзэн Iэ­мэпсымэхэр: ар зэрызэ­фI­э­пIуэнтIыкIыну гъущIымрэ щып­хуэну дагъэмрэ. «Адыгэр шхэ­ми жейми и Iэщэр кIэ­ры­щIащ, - етх Хъан-Джэрий, - аращи, ар зэкъуэхуауэ къыпIэ­ры­хьэнукъым. Къамэ ямыIыгъыу къэзыкIухьыр щIалэ цIыкIу ды­дэхэмрэ лIыжьхэмрэщ». ­Хъан­-Джэрий зэрыжиIэмкIэ, дэтхэнэ адыгэми къызд­ри­хьэкIырт бийр зэрипхыну кIап­сэ, шэху уэздыгъэ, дыд, бгы­рыпх лей, жьакIэупс, джэбын. 
«Кавказ Ищхъэрэм ис бгырысу хъуами къэзакъхэми Къэбэрдейм я Iэщэ-фащэри, шы тесы­кIэри, хабзэри зыхалъхьащ, - етх урысей этнограф Вейден­баум Евгениий, - абыхэм, за­мы­­гъэпсэхуу, къэбэрдей мо­дэ щхьэ-зыфIэфIым темыплъэкъукIыу зыдрагъэкIу, зэманым къыкIэрымыхун щхьэкIэ».
XIX лIэщIыгъуэм и 40 гъэхэм адыгэ цейр Кавказым къулыкъу IуэхукIэ щыIэ къэзакъхэм я фащэу къащтащ. Ауэрэ адыгэ цейр Европэми нэсащ, революцэ нэужьым Урысейм иIэпхъукIа урыс офицерхэм я фIыгъэкIэ. 
Адыгэ бзылъхугъэхэм я фащэри пкъыгъуэ зыбжанэу зэ­хэлът: джанэкIэ, гъуэншэдж, джанэ, кIэ, цей. Къыхэгъэщыпхъэщ фащэр гъэщIэрэщIэнымкIэ, хэдыкIынымкIэ, уагъэ гъэ­хьэ­зырынымкIэ адыгэ цIыхубзхэр IэпщIэлъапщIэ дыдэу зэры­щытар, хъыджэбз цIыкIу щIыкIэ абы хуагъасэу къызэрекIуэкIам и фIыгъэкIэ. Апхуэдэу, абыхэм я бостейхэр (бэхуцейхэр) пщампIэм къыщыщIэдзауэ кIэ къуа­щIэм нэсыху тхыпхъэ гъэщIэ­гъуэн­хэр хадыкIырт дыщэ, ды­жьын IуданэкIэ. КъызыхэкIа унагъуэм емылъытауэ, дэтхэнэ пщащэми и фащэм щыщт ­гъущIым (уэркъ лIакъуэхэм щыщ пщащэхэм папщIэ - ды­жьыным) къыхэщIыкIа, гъэщIэ­рэщIа бгъэгуIулъхьэмрэ бгы­рып­хымрэ. Уэркъ пщащэхэмрэ гуащэхэмрэ Iэмал имыIэу, дыщэ пыIэ лъагэ ящхьэрыгът, абы и щхьэм IэлъэщI къытелъыжу. 
Адыгэ бзылъхугъэхэм гулъытэ щхьэхуэ хуащIырт пхъэ вакъэм. Абы сантиметр 20 и ­лъагагъыу урихьэлIэрт икIи цIыхубзыр зыщыщ лъэпкъым елъытат и вакъэм и лъагагъри. Пхъэ вакъэр щыщатIагъэр махуэшхуэхэм дежт. 
20-нэ лIэщIыгъуэм и пэхэм цIыхубз фащэм зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр игъуэтащ, европей модэр Кавказ Ищхъэрэм къэса нэужь. Псом япэ, унэгуащэхэм я дыщэ пыIэр зыщхьэрахащ, Iэгъуапэ кIыхьыр «пахащ», тхыпхъэр нэхъ мащIэ хъуащ, уеблэмэ языныкъуэхэми я бостейр хамыдыкIыжыххэ хъуащ. Дауэ хъуами, дуней псом къызэрыщацIыхуу щыта адыгэ фащэр ди лъэпкъым ихъу­мэ­жыну, нобэм къигъэсыну хузэфIэкIащ. 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: