НэхъыфIхэм медалхэр

КъБР-м щыIэ УФССП-м Iуэху гуапэ щекIуэкIащ Урысей Федерацэм и Къэрал махуэшхуэм ирихьэлIэу - ехъулIэныгъэ лъагэхэр зыIэрызыгъэхьа  я лэжьакIуэхэм дамыгъэ лъапIэхэр иратащ. 
Урысейм и суд приставхэм я федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI — Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Суд пристав нэхъыщхьэ Бауаев Ахъмэт зэIущIэ гуапэр къызэIуихри,  къызэхуэсахэм Урысейм и махуэшхуэ къэблэгъамкIэ ехъуэхъуащ. 
Управленэм и лэжьакIуэ нэхъыфIхэм хуагъэфэщащ «За службу» медалым и I, II, III-нэ нагъыщэхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и суд пристав нэхъыщхьэм махуэшхуэ зэхуэсым кърихьэлIахэм яжриIащ адэкIи Урысейм и сэбэп зыхэлъ лэжьыгъэ купщIафIэ ирахьэкIмэ зэригуапэр.     
БАЛЭ Азамэт.
Поделиться:

Читать также: