Джудович Миодраг дыдэщIынущ

  Футболым дихьэххэм зэпымыууэ зэпалъыт топджэгухэм я зэф1эк1хэр зэIущIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щытекIуэнур дэтхэнэрами къащIэну хэтщ. Налшык и «Спартак»-р къатщтэмэ, футболистхэр щыджэгу IэнатIэр зыбладзу нэхъ сэбэп щаIэну увыпIэхэр къыщыхуалъыхъуи куэдрэ къохъу. Ямыхъуэжу, хухаха IэнатIэм сэбэпынагъышхуэ къыщихьу ди командэм щыджэгуаи диIащ. 
«Спартак-Налшыкым» и дэщIакIуэхэм я мызакъуэу, футболым димыхьэх куэдми ящIэ хамэ къэрал щыщу нэхъ лъэкIыныгъэ иIэу ди деж щыджэгуар - шэч къытрамыхьэу Джудович Миодраг и цIэр къраIуэнущ.
Ар футболистыфI дыдэт. Абырэ Амисуашвили Александр куржы щIалэмрэ хьэрхуэрэгъухэр гузэвэгъуэ хагъэкIыртэкъым. ЗэIущIэр зэрекIуэкIым тепсэлъыхь журналист гуэрым: «Дауэ упэлъэща зэрыхъунур мы Джудович», - жиIауэ зэрыщытар куэдым я гум къинэжащ.
ИлъэсихкIэ Урысейм футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм дыщыхэтам, хамэ къэрал щыщу зы джэгугъуэ лъэхъэнэ къэмынэу ди деж гугъу зыщезыгъэхьар Миодраг и закъуэщ. А гупыр дыбгынэн хуей щыхъуами илъэситIкIэ «Спартак»-м щыджэгужащ. Лъагэу зыщытIэтам щыгъуэ хьэрхуэрэгъухэм я гъуэм япэу топ дэзыгъэкIари Джудовичщ. Ар къыщыхъуар Мэзкуу и «Спартак» командэ цIэрыIуэм 2006 гъэм  гъатхэпэм и 26-м дыщыдэджэгуарщ.
Ди деж къыщигъэлъэгъуа джэгукIэм и фIыщIэкIэ ар и къэрал Черногорием и командэ къыхэхам хагъэхьащ икIи къыпэщIэтахэм я гъуэм зы топ дигъэкIащ, зэIущIэу 26-м хэтащ.
Налшык и «Спартак»-м илъэсиблкIэ щыджэгуати, капитан къалэныр екIурэ  ещхьу щигъэзэщIащ, дэщIакIуэхэми къызэралъытэмкIэ, гупыр зыгъэгупар, шэч хэмылъу, аращ.
И унэ екIуэлIэжри,  ар тренеру и къэралым и командэ къыхэхам щылэжьащ, я чемпионатым бжьыпэр иужь лъэхъэнэм къыщызыхьа «Будучност»-ми и гъэсакIуэ нэхъыщхьэу мэлажьэ.
Гъэ къэс ирагъэкIуэкI Европэм и кубокыр къэхьыным теухуауэ зэхьэзэхуэхэм Урысейм и командэхэр гъэ къэс ирагъэк1уэк1 зэхьэзэхуэхэм  щыхамыгъэхьэкIэ, дэ къытхуэнэжыр зыщ - хамэу къэдмылъытэ Джудович Миодраг и «Будучност»-р абы хэтыным дыдэщIынырщ.
Шэкэм Виктор
Поделиться:

Читать также: